СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Къаз-Джэрий Сулът1ан и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ.Презентацэ.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Къаз-Джэрий Сулът1ан и творчествэм теухуа презентацэ

Просмотр содержимого документа
«Къаз-Джэрий Сулът1ан и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ.Презентацэ.»

Къаз-Джэрий Сулът1ан  1807-1863

Къаз-Джэрий Сулът1ан 1807-1863

Къаз–Джэрий Сулът1ан Кубань областым хыхьэ адыгэ къуажэм 1807 гъэм къыщалъхуащ.

И ныбжь щрикъум ар Гумкъалэ дэт анэмэт еджап1эм щ1от1ысхьэри, ехъул1эныгъэф1хэр и1эу 1826 гъэм къеух ик1и занщ1эу урысыдзэм къулыкъу щищ1эну хохьэ.

А илъэс дыдэм къежьа урыс-къэжэр зауэм Къаз-Джэрий мак1уэ щ1олъэ1ури.

Илъэсит1ым нэблэгъа зыхэта а зауэм абы л1ыгъэ къыщегъэлъагъуэри дамыгъэ лъап1эхэр къыхуагъэфащэ.

Щэщ1 гъэхэм ар Бытырбыху ягъак1уэ ик1и ипэ1уэк1э абы къыщызэрагъэпэща Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм хагъыхьэ.

А илъэсхэм Польшэм щек1уэк1а зауэми Къаз-Джэрий хэтащ ик1и хахуагъэ къыщигъэлъэгъуахэм папщ1э офицер ц1эр къыф1ащащ.

Урысейм и щыхьэрым зэрыщыпсэуа илъэс пщык1узым Къаз-Джэрий и щ1эныгъэм хегъахъуэ.

Урысыбзэр нэхъ куууэ зрегъащ1э, урыс литературэм, щэнхабзэм ф1ыуэ щыгъуазэ зыхуещ1, абы щыпсэу урыс усак1уэ-тхак1уэ Пушкиным А.С. ц1ыхугъэ зыхуещ1, ар и дэ1эпыкъуэгъууи бгырыс щ1алэм литературэм япэ лъэбакъуэхэр щеч.

Щ1эныгъэм и мыхьэнэр къызыгуры1уэ адыгэ тхак1уэм щ1эблэр щ1эныгъэм ешэл1эн и лъэныкъуэк1и 1уэхугъуэ щхьэхуэ елэжь.

И къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэтемынами, а илъэсхэм Къаз-Джарий щыгъуазэ зыхуещ1 и лъэпкъым и тхыдэм, абы теухуауэ игъуэтхэр зэхуехьэс, и мурадщ ахэр къигъэсэбэпыну лэжьыгъэ пыухык1ахэр итхыну.

Мэлыжьыхьым и 11-м 1863 гъэм Къаз-Джэрий дунейм ехыжащ, и къуажэм яшэжри абы щыщ1алъхьэжащ.

Къаз-Джэрий и тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщ зыщ «Хьэжытэгъуей аузыр».

«Хьэжытэгъуей аузым» и л1ыхъужьым и хъуэпсап1эщ къыдалъхуахэр зыхэт щ1эныгъэншагъэм къыхэшынри.

Урысейм и ц1ыху пэрытхэр шэрджэс тхак1уэм и япэ тхыгъэм гуапэу 1ущ1амэ, щытхъу псалъэхэр хужа1амэ, пащтыхьым и блыгущ1этхэм урыс усак1уэшхуэм къыдигъэк1 журналым къызэрытридзар яф1эф1 хъуакъым, абы ахэр къигъэгубжьащ.

Псалъэмакъ мыхъумыщ1эхэр зэрыращ1эк1ам, къэрал унафэщ1хэм ягъэшынэну зэрыхэтам щхэк1и къимыгъанэу.

Пушкиныр тогушхуэри шэрджэс тхак1уэм и ет1уанэ тхыгъэри – «Къэжэр гушы1эр» - а гъэ дыдэм къыдэк1а «Современникым» и ет1уанэ тхылъым тредзэ.

Тхыгъит1 къудейщ Къаз-Джэрий и 1эдакъэщ1эк1ыу ди деж къэсыжар, иджык1э дызыщыгъуазэр.

Ауэ япэ адыгэ тхак1уэм и тхыгъэхэм апхуэдизу гупсысэ куу, пэж, гъэщ1эгъуэн ящ1элъщ, художественнэ гъэпсык1э нэс ягъуэтащи, ахэр урысыбзэк1э тхами, 19-нэ л1эщ1ыгъэм и п1эщ1эдзэхэм зэф1эува адыгэ литературэм и лъабжьэр ягъэт1ылъауэ жып1э хъунущ.

Ахэм я пщ1эр ди зэманми зык1и нэхъ лъахъшэ хъуакъым.

Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!