СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Сценарий литературно - музыкальной композиции. Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».

Нажмите, чтобы узнать подробности

Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».

Мурадыр:

-пэщ1эдзэ классхэм щ1эсхэм адыгэбзэм я бзэр хуэкъутауэ къэгъэхъуныр;            

  -сабийхэр адыгэ усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм дегъэхьэхыныр;                                               

-лъэпкъ усыгъэм и 1эф1ып1эр зэхегъэщ1эныр;

-сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щ1ыныр.

Просмотр содержимого документа
«Сценарий литературно - музыкальной композиции. Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».»

Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэ

Зольскэ муниципальнэ куейм

и муниципальнэ к1эзонэ зэхуэдэ щ1эныгъэ щрагъэгъуэт 1уэхущ1ап1э «Курыт зэхуэдэ щ1эныгъэ щрагъэгъуэт Дзэлыкъуэкъуажэ къалэ жылагъуэм и еджап1э №2»



«Усэпсэ»

Республикэ зэпеуэ.

«Пц1ащхъуэ ц1ык1у».



Зыгъэхьэзырар:


Дзэлыкъуэкъуажэ къалэ жылагъуэм

и еджап1э №2»

пэщ1эдзэ классхэм щылажьэ

Бабыгуей Аминат Мухьэдин и пхъурщ.

2019 гъ.

Темэр: «Пц1ащхъуэ ц1ык1у».

Мурадыр:

-пэщ1эдзэ классхэм щ1эсхэм адыгэбзэм я бзэр хуэкъутауэ къэгъэхъуныр; -сабийхэр адыгэ усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм дегъэхьэхыныр;

-лъэпкъ усыгъэм и 1эф1ып1эр зэхегъэщ1эныр;

-сабийр и унагъуэм нэхъри пэгъунэгъу щ1ыныр.

Ехьэл1апхъэхэр:

- тхылъымп1эм къыхэщ1ык1а удз гъэгъахэр, пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр;

- презентацэ;

- макъамэхэр: адыгэ макъамэ, бзухэм я макъхэр, пц1ащхъуэм и уэрэд, бзухэм

теухуа макъамэ пшынэм игъэзащ1эу;

- щхъуант1агъэ зи1э щэк1ым гъатхэ псалъэр тхылъымп1эм къыхэбзык1ауэ

к1эрылъхьэн,

- пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм я сурэт тхылъымп1эм къыхэщ1ык1ауэ к1эрылъхьэн,

- удз гъэгъа дахэхэмк1э щэк1ым и лъабжьэр къэухъуреихьын,

-Нанэр зыщ1ыхьэж унэм и бжэр на1уэу щытын.

Гъэхьэзырын:

- сценкэ «Пц1ащхъуэ ц1ык1у»

-гъатхэм, бзухэм, пц1ащхъуэм теухуа усэхэр,

-зэгъэщ1эн пц1ащхъуэм теухуа къуажэхь,

-тхылъымп1эм къыхэщ1ык1ын пц1ащхъуэ ц1ык1у.

Хэт ц1ыхухэр:

Езыгъэк1уэк1ыр: (егъэджак1уэ);

Хэзышэ псалъэ (еджак1уэ)

Гъатхэм теухуа усэ (егъэджак1уэ);

Пц1ащхъуэм теухуа усэ (адэ);

Бзухэм я бзэм- теухуа усэ (анэ);

Зэрызыхуагъазэ псалъэухахэр и унагъуэм (нанэ);

Пц1ащхъуэм и щытык1эм теухуа усэ (егъэджак1уэ)

Нанэм къыщыщ1а гукъеуэр усэк1э (нанэ);

Пц1ащхъуэм теухуа къуажэхьыр (еджак1уэ)

И анэшхуэм хуэгъэза псалъэ дахэхэр усэк1э (къуэрылъху ц1ык1ум);

Пц1ащхъуэ ц1ык1ур щ1ып1э хуабэм мэлъэтэж усэ (егъэджак1уэм)

«Пц1ащхъуэ ц1ык1у» усэр (еджак1уэм). 

«Дывгъэхъумэ дэ бзу ц1ык1ухэр» (егъэджак1уэм, адэм, анэм, еджак1уэм зэгъусэу).

Зэрек1уэк1ыр. 

(Адыгэ макъамэр щэхуу къоуэ).

Къуэрылъхум:

(Сценэм къохьэ псалъэхэр жи1эурэ)

Слайд 1-6.

Ф1эхъус, маржэ!

Си гур гуф1эу

Мы зэпеуэм сыкъэк1уащ.

Япэ классым сэ сыщоджэ,

Сф1эф1щ сэ си бзэр, адыгэбзэр.

Дзэлыкъуэкъуажэ сыкъик1ащ.

Бабыгуей лъэпкъым сыкъыхэк1ащ.

Сэ си нани къыздэсшащ,

Папи , мами сэ си гъусэщ,

Егъэджак1уэм дыкъишащ.

Егъэджак1уэм:

(макъамэ - бзухэм я макъхэр щэхуу къоуэ)

Слайд 7-9.

Гъатхэр къэсащи,
Хуабэ мэхъуж,

Ц1ыхухэм щыгъыныр

Зэрахъуэк1ыж.

Дыгъэм и бзийхэр

Къызэ1уехыж.

Къуалэбзу ц1ык1ухэр

Къытхуолъэтэж.

Пц1ащхъуэм теухуа усэм адэр къоджэ:

( макъамэ-пц1ащхъуэхэр мэбзэрабзэр,)

Слайд 11-12.

Пц1ащхъуэр мэбзэрабзэр,

Зэплъым щогуф1ык1.

Пц1ащхъуэ ц1ык1у псэ къабзэ,

Уэ ди Хэку уимык1,

Уи дамэхэм мес

Гъатхэри к1эрысщ.

Бзухэм ятеухуа усэ (анэм);

Слайд 12-16.

Бзухэм, анэм ещхьыркъабзэу,

Щхьэ бзэ дахэ ягъуэта?

Бзэмы1у пэтми , гъэф1агъыбзэу

Уэрэд дахэ яуса?

Ахэр, сщ1эркъым, ауэ си псэр

Бзум хуабагъэк1э ягъэнщ1.

Сыту жып1эм, сэ бзуубзэр

Ар анэбзэу мэхъу си ф1эщ.

Зэрызыхуагъазэ псалъэухахэр и унагъуэм (нанэ);

( макъамэ-пц1ащхъуэхэр мэбзэрабзэр,)

Слайд 17-19.

Уэ, си щ1алэ, к1уэ уи частым,

Уэ, нысащ1э, к1уэ больницэм.

Фи лэжьыгъэхэр къыфпоплъэ.

К1уэ, Айдар, уэри еджак1уэ.

Сэри унэм сыщ1ыхьэнщ.

Еджап1эм:

(еджак1уэр ст1олым бгъэдэсщ, егъэджак1уэр усэм къоджэ).

Слайд 20-22.

Пц1ащхъуэм и к1эр дыкъуакъуэщ.

И фэр, щ1ак1уэу, ф1ыц1абзэщ,

И бгъэгу ц1ык1ур хужьыбзэщ.

Бжэ къеу1уи хэмыту,

Къытхуэгушхуэ зэпыту

Къыщ1олъатэ ди унэм.

Къехьыр ят1э , хьэуазэ,

Мазэ ныкъуэу блынджабэм

Щещ1 псэуп1э-унап1э.

(Тхылъымп1эм къыхащ1ык1ри пц1ащхъуэ сурэтыр еджак1уэ ц1ык1ухэм ящ1).

(Еджап1эм к1уа къуэрылъху ц1ык1ум ищ1а поделкэр- бзу сурэтыр и1ыгъыу, къуажэхьри ищ1эу къэк1уэжащ. Ауэ абы и гуф1эгъуэр зыми да1ыгъакъым).

(Айдар пц1ащхъуэр и1ыгъыу).

Нанэ, нанэ мыдэ къеплъыт

Нобэ мыхэр дагъэщ1ащ.

Мы къуажэхьри зэдгъэщ1ащ.

Нанэ, папэ псынщ1эу къафщ1эт:

Зи к1эр дыкъуакъуэу ,бгыкъур зи унап1э.

Нанэ, сыт ущ1энэщхъейр, сыт къэхъуахэр,

Уэ къызже1эт?

(Нанэм къыщыщ1а гукъеуэр усэк1э къегъэлъагъуэ);

Слайд 23.

Сыту 1ейуэ с1эщ1эущ1эт,

Бжэр щыхуэсщ1ым сымылъагъуу

Лъакъуэ ц1ык1ур диубыдащ….

(Пц1ащхъуэ ц1ык1ум и лъакъуэр пхащ).

(Айдар ц1ык1у и анэшхуэр ф1ыуэ зэрилъагъур къегъэлъагъуэ):

Нанэ, уэ умынэщхъей.

Сэ си мамэр дохутыр 1эзэщ.

Хущхъуэ гуэри къезгъэхьынщ,

Пц1ащхъуэ ц1ык1ури згъэхъужынщ.

(Анэм халат хужьыр щыгъыу къок1уэ).

 Егъэджак1уэм:

Слайд 24.

Зэман куэди дэмык1ыу,

Лъакъуэ ц1ык1ур хъужащ.

Пц1ащхъуэ ц1ык1ури лъэтэжащ.

(Пц1ащхъуэ ц1ык1ур щ1ып1э жыжьэм мэлъэтэж).

Слайд 25.

Айдар ц1ык1у къоджэ «Пц1ащхъуэ ц1ык1у» усэм.

Гъатхэр къосри удзхэр къок1,

Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр къолъэтэж.

Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэр къытхуогуф1э,

Пыгуф1ык1ыу къытхуосыж.

Пц1ащхъуэ ц1ык1уу зи бзэр дахэ,

Хугу уэстынщи уэрэд жы1э,

Щ1ып1э жыжьэм щыплъэгъуахэр,

Псысэ дахэу къыдже1эж.

Слайд 26-28.

(Бзухэм теухуа макъамэ пшынэм игъэзащ1эу).

(Уэрэдыр нанэми, папи, анэми, егъэджак1уэми, Айдари зэгъусэу жа1э-бзухэр хъумэным теухуауэ).


Дывгъэхъумэ дэ бзу ц1ык1ухэр,

Ахэр сэбэп дэ къытхуохъу.

Ди къэк1ыгъэхэр хъумэным

1ыхьэ куэди ныхалъхьэф.

Ежьу:

Фымыкъутэ бзум я абгъуэр

Ар фэ фи гум темыхуэнщ.

Дывгъэхъумэ дуней дахэр 2 жы1эн

Дэ ар псоми зэдыдейщ.


Берычэт бесын!





Литературэ къэдгъэсэбэпахэр:


Гугъуэт Лол. Азбукэ. Налшык «Эльбрус»2017г.

Гугъуэт Лол. Анэдэлъхубзэ 4 кл. Налшык «Эльбрус»2016г.

«1уащхьэмахуэ» журнал. Налшык «КъБР-Медиа» 2017-2018гг.

«Нур» журнал. Налшык «Тетраграф» 2010-2018гг.

Гугъуэт Лол Анэдэлъхубзэр ет1уанэ, ещанэ, епл1анэ классхэм. Налшык «Эльбрус»1983г.,2016г.

Азбукэм и чэнджэщхэр. Налшык «Эльбрус»1981г.

Балэ Л.Ф. Азбукэр зэрегъэджыпхъэр.1 кл. Налшык «Эльбрус»2016г.


Усэ къэдгъэсэбэпахэр:


Аф1эунэ Лиуан «Бзухэр мэбзэрабзэ».

Нало Заур зэридзэк1а усэ «Пц1ащхъуэ».

Джэдгъэф Борис «Бзуубзэ».

Псысэ «Пц1ащхъуэ ц1ык1у» 4 кл «Анэдэлъхубзэ».

Елберд Хьэсэн «Пц1ащхъуэ ц1ык1у» 1 кл «Азбукэ».

Щоджэнц1ык1у Алий «Гъатхэ» 3 кл. «Анэдэлъхубзэ».


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!