Креативность жи1эмэ щ1ын, зэхэлъхьэн, къызэгъэпэщын жи1эу аращ. Сабийхэм я нэгу къыщ1агъэхьэф 1уэхугъуэм творческэ гупсысэк1э халъхьэри щ1эныгъэщ1э зэрагъэгъуэт. Креативнэ гупсысэк1эр псынщ1эу сыт хуэдэ 1уэху гугъури зэрызыф1эбгъэк1ын щ1ык1э къэбгъуэтыным и сэбэпщ.
Просмотр содержимого документа
«Креативнэ гупсысэк1эр адыгэбзэ урокым къызэрыщызгъэсэбэп щ1ык1эр- презентация»
Мастер класс “Креативнэ гупсысэк1эр адыгэбзэ урокым къызэрыщызгъэсэбэп щ1ык1эр”
Зыгъэхьэзырар: Къэрэгъэш къуажэм
и курыт общеобразовательнэ еджап1э №2
Россием и л1ыхъужь Тэмазэ Т.М. и къуэм
и ц1эр зезыхьэм и пэщ1эдзэ классхэм щезыгъаджэ
Лу Маритэ Мухьэмэд ипхъу
Дерсым и темэр: Псалъэ лъабжьэ
Мурадыр:
- 1.Сабийхэм я креативнэ гупсысэк1эм зегъэужьын папщ1э къэзгъэсэбэп формэхэм, методхэм теухуауэ езгъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм си дэлэжьэгъухэр щыгуазэ щ1ын;
- 2. А бгъэдыхьэк1эм сабийр зыхуигъасэр, ф1ыуэ хэлъыр къэгъэлъэгъуэн;
- 3.Псалъэ лъабжьэр псалъэхэм къыщагъуэтыфу, псалъэ зэлъабжьэгъухэр къызытехъук1а псалъэр къагъэлъэгъуэфу егъэсэн.
- 4. Сабийхэм я зэхэщ1ык1ым, я бзэм зегъэужьын.
Гуп лэжьыгъэ
Къэк1ыгъэм и лъабжьэмрэ псалъэ лъабжьэмрэ.
Къэк1ыгъэхэм я лъабжьэмрэ псалъэ лъабжьэмрэ.
Псалъэ лъабжьэ
Лъабжьэ
Къыкъуэжыфыну п1эрэ псалъэ лъабжьэм къудамэ ц1ык1ухэр?
Гуп лэжьыгъэ
Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ
Бжьыхьэ уэшх
Карагач - мыстхъэ
Лъабжьэ
«Синквейн»
Унэ лэжьыгъэ:
Псоми: нап. 43. Лэжь. 67, правилэхэр къэпщытэжын.
“ Псалъэ лъабжьэм” гуп къэск1э фхуигъэхьэзыра унэ лэжьыгъэр.
“ Хьэрф”гупым -Псалъэхэм псалъэ зэлъабжьэгъу къытевгъэхъук1: джэд, тхылъ, мэл. Лъабжьэхэр къыхэвгъэщ.
“ Псалъэ” гупым - Псалъэхэм псалъэ зэлъабжьэгъу къытевгъэхъук1: джэд, тхылъ, мэл. Лъабжьэхэр къыхэвгъэщ. Джэд псалъэм къытехъук1а псалъэ зэлъэбжьэгъухэр хэту псалъэуха зэхэфлъхьэ.
“ Лъабжьэ”гупым - Псалъэ зэлъабжьэгъухэр къэвгъэсэбэпурэ псалъэуха зэхэфлъхьэ. Лъабжьэхэр къыхэвгъэщ.
Мазэ, мазэщ1э, мазэпэ, мазэгъуэ, мазэк1э.
Псоми ину берычэт бесын вжызо1э!