СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"Ди щIыналъэм къыщыкI удз хущхъуэхэр".

Категория: География

Нажмите, чтобы узнать подробности

Тема: Ди щIыналъэм къыщыкI удз хущхъуэхэр.

8 класс

Открытый урок по географии КБР.

Просмотр содержимого документа
«"Ди щIыналъэм къыщыкI удз хущхъуэхэр".»

Тема: Ди щIыналъэм къыщыкI удз хущхъуэхэр.

Урокым и лIэужьыгъуэр: гуп лэжьыгъэ

Урокым и мурадырхэр:

  1. Личностнэ УУД.

ЕджакIуэхэм я гупсысэкIэм зегъэужьын,я зэхущытыкIэр,хьэл-щэн дахэ яхэлъхэр егъэфIэкIуэн,щIыуэпсым я еплъыкIэм бгъэдыхьэкIэм зегъэужьын.

  1. Метэпредметнэ УУД

-Регулятивнэ. Еджэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр, мурадхэр ягъэувыфу,гупу зэдэлажьэу егъэсэн.

-Познавательнэ. Я гупсысэр жьэрыIуатэу зэгъэкIуауэ,зэкIэлъыхьауэ къаIуэтэфу,яджар зэпкърахыфу,адрей яджахэм ирагъэпщэфу,анализ ящIыфу егъэсэн,я гупсысэкIэм зегъэужьын.

- Коммуникативнэ. ЕджакIуэхэр зым жиIэм адрейр едаIуэу,я Iуэху еплъыкIэр пхрагъэкIыфу,я ныбжь цIыкIухэми балигъхэми ядэлэжьыфу егъэсэн.

3.Предметнэ: Удз хущхъуэхэр егъэцIыхун, абыхэм теухуауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIын.

Урокым ехьэлIапхъэхэр: компьютер, проектор, экран, тхылъ, атлас, рабочэ тетрадь, удз хущхъуэхэм я сурэтхэр, удз хущхъуэхэр, варенэ.



Гуп хэзышэ псалъэ.

1. Теплъэгъуэ.

Макъамэ къоуэ. Къуалэбзу макъ къоIу.

ЕджакIуэр стIолым бгъэдэсщ, ар къуалэбзу цIыкIухэм йоплъ. СтIолым тхылъхэр, тетрадь, ручкэ телъщ.

ЕджакIуэм: Уэху! УфIэфIмэ ищIыж, ауэ мы си нэхэр тхылъ зэIухам схуеплъыркъым. Дерсхэр згъэхьэзырыни хуейщ. Мыдэ мы пцIащхъуэ цIыкIур (егъэщIагъуэ) еш жыхуаIэр имыщIэу еуэ ятIэ къехь унэ ищIым кIэрегъапщIэ.Нэжан цIыкIумкIэ ищIам йоплъыж,ар екIу хъуауэ къелъытэж, гуфIэу уэрэд къришурэ, аргуэру ятIэхьэ мэлъатэ. Уэху! Мы пцIащхъуэм абгъуэ зэрищI щIыкIэм хуэдэу дэри ди щхьэм щIэныгъэ зыщIэлъын унэ цIыкIу идощIыхь. АтIэ, щхьэ семыIусэрэ мы тхылъми, тетрадми?

ЕджакIуэм: - Сыт а уэ жыпIэр зищIысыр? ПцIащхъуэхэр емыша уигугъэрэ?Абыхэм километр мин куэд къалъэтыхь, итIани дихьэхауэ мэлажьэхэр.

ЕджакIуэм: - Уэ пщIэрэ, сэ бауэкIэщI сыхъуащ, хьэуар хуиту жьдэсшэфкъым, си Iэпкълъэпкъыр мэбампIэ, сыт Iей сщIэнур?

ЕджакIуэм: - Сыт ей пщIэнур, хущхъуэ ефэн хуейщ.

- Сыт хуэдэ хущхъуэ сызэфэнур?

- Сэ иджыпсту дохутырым сыкъеджэнщ, ар апхуэдэу хъунукъым.

Дохутырыр къыщIохьэ .Сымаджэм йоплъ, и нэхэм щIоплъэ, и щхьэм йоIусэ, дахэу мапсалъэ:

ГурыIуэгъуэщ, пыху-сыху ухъуу арауэ къыщIэкIынущ, си хъыджэбз цIыкIу, умыгузавэ. Сэ иджыпсту пхуэстхынщ узэфэн ухущхъуэхэр, ахэр мы ди щIыпIэм къыщыкIудз зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIащ. Шей уезгъэфэнщ мамкъут хэдзауэ (шейркъригъахъуэурэ)зызыгъэхъужыну хуей цIыхум пасэ дыдэ зэманым щыщIэдзауэ удзхэм къыхащlыкl хущхъуэщ къигъэсэбэпар, ауэ апхуэдэуи абы зэхигъэкIащ а удз дыдэхэр лIэужьыгъуитIу. Зы лIэужьыгъуэхэм хущхъуэ къыхащIыкI, адрей лIэужьыгъуэхэм бетэмалу щхьэжагъуэ уащIынущ, ахэр къэбгъэсэбэп хъунукъым. Мис ахэр фэ зэхэвгъэкIыфу фыщытын хуейщ. (Шей ирегъафэ)

  1. ЕджакIуэм: Уэху, сыбэуэжащ, упсэу!

  2. ЕджакIуэм: Пэжщ, мис занщIэу нэхъыфI ухъуащ. Иджы накIуэ дэ нобэ жогърафий дерс диIэщ, щызэхэдгъэкIынщ абы ди щIыпIэм къыщыкI удзхэм хущхъуэ куэд къызэрыхащIыкIыр, ахэм узыншагъэм щхьэкIи дызэрыхуейр.

2. Темэр къахутэ еджакIуэхэм. Темэм хэзышэ псалъэмакъ.

Дауэ къыпщыхъурэ, дэ нобэ дызытепсэлъыхьыну темэр мис а удзхэращ.

ЕгъэджакIуэ: Фи махуэ фIыуэ, цIыкIухэ! Фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! Сыхуейтн обэ едгъэкIуэкIыну дерсым фи узыншагъэр иригъэфIэкIуэну, гукъыдэж къывитыну.

АтIэ, ди хъыджэбз цIыкIухэм дызыхуашар аращи, зэдгъэцIыхунщ ди узыншагъэр зэтезыIыгъэ, ар езыгъэфIакIуэ, ди щIыналъэ дахэм къыщыкI удзхэм,абыхэм сэбэпынагъыу къахьым ,апхуэдыуи зэраныгъэ гуэрхэри зэраIэм.

Бзэр тхыдалъэщ. АбыкIэ гъэщIэгъуэнщ къэкIыгъэцIэхэри.

ГъащIэм и плъыфэ Iэджэщ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр.

КъэкIыгъэхэм яхэтщ пелуаныфэхэри, цIыкIужьейхэри, къэхъукъащIэ щхьэхуэхэр уигу къэзыгъэкIхэри, тхыдэм ухэзыгъаплъэхэри.

Гъунэншэщ хущхъуэгъуэ къазыпыкI къэкIыгъэхэри.

Ди щIыпIэр къапщтэмэ хущхъуэгъуэ къызыпыкI къэкIыгъэхэмкIэ, удзхэмкIэ бейщ. Ахэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къагъэсэбэпу къогъуэгурыкIуэ.

  1. ЕджакIуэм къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ иригъэкIуэкIа псалъэмакъ.

ЕгъэджакIуэ: Нобэди егъэджакIуэ цIыкIухэм гупитIу загуэшащ. Япэ гупым я псалъэмакъым дедэIуэнщ..

ЭкранымкIэ къигъэлъагъуэурэ удз хущхъуэхэм топсэлъыхь..

ЕгъэджакIуэ: Хьэбэч Елдар гукъыдэж ищIри и нанэр къыздишащ. Сыту пIэрэ дэ абы гъэщIэгъуэну къытхуиIуэтэнур?

ЕджакIуэ : Ди нанэ удз хущхъуэ куэд ецIыху. Ахэр къещыпри жьауэщIэгъукIыу егъэгъу.

ЕгъэджакIуэ. Нобэ ди хьэщIэхэм я хэтщ нанэ Iумахуэ, ди нэхъыжьыфI.

5. Удз хущхъуэхэр къызэрыщ сурэтхэм ягъэлъэгъуэныгъэр .

ЕтIуанэ гуп цIыкIум псалъэ идот.

Лущ Диана:

ЩхъуантIагъэу щIым къыхэжыр

Хущхъуэгъуэ дэ къытхуохъу,

Гунэсу я мэ гуакIуэр

ЩIыгушхуэми къохъуэхъу.

Я зэфIэкIыржьыбгъэм дигъэпсынщIэу

КъэкIыгъэ цIыкIухэм гуапэу йодэхащIэ.

Мурадхэряпэ ищу гугъэм

Мамырыгъэм гъэ куэд иугъащIэ!

6. Ещанэ гуп цIыкIум дедэIуэнщ иджы.

ЕгъэджакIуэ: Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыкI удз хущхъуэхэм я зэмылIэужьыгъуэныгъэр къызыхэкI щхьэусыгъуэр сыт?

ЕджакIуэ: Къэбэрдей-Балъкъэрым удз хущхъуэхэм я зэмылIэужьыгъуэныгъэр къыхокI тафэм зэрызихъуэжым.

ЕгъэджакIуэ: Фэ дауэ къыфщыхъурэ, нобэ къэтхута лэжьыгъэр дэнэ къыщыбгъэсэбэп хъуну?

ЕджакIуэ:

7. Атласыр къагъэсэбэпурэ контурнэ картэм щылэжьэн.

8. Хущхъуэгъуэ къызыпыкI мэракIуэ лIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа варенэхэм ягъэлъэгъуэныгъэ.

ЕгъэджакIуэ- Гуп къэс фэстауэ щытащ унэ лэжьыгъэу мэракIуэ лIэужьыгъуэхэм къыхэщIыкIа варенэхэр къэвгъэлъэгъуэну.


Рефлексия: Сэ сыхуейт мыпхуэдэ къызыщIэзыкъуэж лэжьыгъэ цIыкIу вгъэзэщIэну.

Зэрыфлъагъущи нобэ дызытепсэлъыхьа Къэбэрдей-Балъкъэрым и щ1ыуэпс щ1ып1эхэм къыщык1 удз хъущхъуэхэр къистхащ адыгэбзэк1и урысыбзэк1и, ауэ пэжу стхауэ п1эрэ ахэр? И1эт зэхэдывгъэхыжырт.

9. Зэгъэпщэныгъэлэжьыгъэ:

Зверобой БэрэтIинэ

Малина Джэдгын

Одуванчик Шэмэджгъэдыргъ

Мята Къэрабэ

Чабрец Мамкъут


Егъэджак1уэ: Фи гу ирихьа урокыр?

Фыпсэу, ц1ык1ухэ, сэри нобэрей урокым мураду зыхуэдгъэувари, къэлэну ди1ахэри дгъэзэщ1ауэ къызолъытэ.

Ц1ык1ухэ, ф1ыуэ флъагъу, фхъумэ фи хэкум и хъугъуэ- ф1ыгъуэхэр. Зыщывмыгъэгъупщэ ц1ыхур щ1ыуэпс къулейм и зы 1ыхьэ ц1ык1уу ф1эк1 зырыщымытыр.


10. Нобэ фи пащхьэ ислъхьэну сыхует удз хущхъуэхэм теухуа тхылъхэр. ГъэщIэгъуэныракъэ унагъуэ къэс ди щIыпIэм къыщыкI удз хущхъуэхэм теухуа тхылъхэр къагъэсэбэпу къыщIэкIащ.

Сэ нобэ къызбгъэдэкIыу сыхуейт удз хущхъуэхэм я къэщыпыкIэ зэрыт буклет цIыкIур тыгъэ фхуэсщIыну.

ЦIыкIухэ, нобэ дызытепсэлъыхьа ди щIыпIэм къыщыкI удзх хущхъуэхэр сытым дежи къэдгъэсэбэп хъуну пIэрэ? (Дохутырымуемыгъэнджэщауэ, узэрефэнур къомыщIауэ къэбгъэсэбэпхъунукъым.)

Фэ дауэ къыфщыхъурэ, нобэ къэтхута лэжьыгъэр дэнэ къыщыдгъэсэбэп хъуну?

Унэ лэжьыгъэ: Унэ лэжьыгъэу фэстыну сыхует нобэрей ди темэмкIэ кроссворд зыгуп цIыкIум зэхэфлъхьэну, адрем буклет вгъэхьэзырыну, ещанэ гуп цIыкIум иджы дызытепсэлъыхьынуди щIыналъэм щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм«Тхылъ плъыжьым » иратхахэм щхьакъэ хутэныгъэ лэжьыгъэ евгъэкIуэкIыну. Фэста темэхэмкIэ гуп гупу фызэгурыIуэжынщи, хэт сыт хуэдэ темэ къыхихами хъыбар сывгъэщIэжынщ.

Кlэух:

Феплъыт мы удзгъэгъа гъэщIэгъуэным-мыр тюльпан гъуэжьыращ, абы и дыщэ бутоным щыгъэпщкIуащ насып. А насыпым зэикI зыри лъэIэсыфтэкъым, хэт бгъэдэмыхьами бутоным зыкъызэIуихтэкъым, зыми зыри хуещIэтэкъым. Ауэ, зэгуэрым и сабийр и Iэблэм тесу блэкIт абы цIыхубз гуэр. Удз цIыкIур зэрилъагъуу, сабийр щIалэ цIыкIути, Iэблэ зытесым къыфIехщ и анэми, моудз цIыкIум бгъэдэлъэдащ, зэрылъэлъу дыхьэшхыурэ. Сабийр щынэсым бутоным дахэу зыкъызэIуихащ.

Сабий дыхьэшх макъым, абы и гуфIэ макъым зыми хузэфIэмыкIа къарур хэлъу къыщIэкIащ. Си гугъэмкIэ, дэри нобэ а сабийхэр дгъэгуфIэу, дуней зытетым зыщамыгъэнщIу, щIэныгъэ яIэу, насыпыфIэу къэдгъэхъуным дигум щыщIэ лъагъуныгъэшхуэр хэтлъхьэн хуейуэ къысщохъури, тхьэм псори дригъэфIакIуэ! Мисапхуэдэу гуфIэу къыдбгъэдэлъадэ сабий дэтхэнэми насып еттыфын тхьэм дищI.

Нобэрей ди дерсыр икIэм нэсащ, жыджэру лэжьа еджакIуэ цIыкIухэм ину берычэт бесын, къэвлэжьа оценкэхэр фхуэзгъэувыжынщ.












Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!