СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

День родного языка-викторина

Нажмите, чтобы узнать подробности

  «Ди бзэр ди псэщ», - жаIэ адыгэхэм. Лъэпкъым и анэ­дэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къы­щIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэ­тэ­джыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. «Сэ сыадыгэщ!» – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи. Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри.

Просмотр содержимого документа
«День родного языка-викторина»


Анэдэлъхубзэр-лъэпкъым и гупсэщ-гуп зэпеуэ


Фи махуэ ф1ыуэ, хьэш1эхэ, ц1ык1ухэ! Мазаем и т1ощ1рэ зыр дунейм тет ц1ыху псоми я бзэм и махуэшхуэщ. Абы хухэха ди сыхьэтыр къыщ1эздзэну сыхуейт Расул Гамзатов и псалъэхэмк1э: «Пщэдей си бзэр к1уэдыжынум, сыл1эну нобэ сыхьэзырщ».

«Ди бзэр ди псэщ», - жаIэ адыгэхэм. Лъэпкъым и анэ­дэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къы­щIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэ­тэ­джыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. «Сэ сыадыгэщ!» – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи. Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри.

Бзэ нэхъыбэ пщ1эху уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ, адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым, ат1э анэм къып1урилъхьа бзэм нэхъапэ зэрыщымы1эр къыбгуры1уэу, абы хуэфэщэн пщ1э хуэпщ1у дуней утетын хуейщ. Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, псэук1эми зэрагъэузэщ1у щытамэ. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.

Псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри къызэри1уатэр ди адыгэбзэ шэрыуэщ.


Ди лъэпкъыбзэр зэрылъэщыр, зэрыдахэр зэхыдагъэщ1эн, абы лъагъуныгъэ хуа1эм и инагъыр на1уэ къащ1ын я мураду нобэ ди джэгу-зэпеуэ ек1уэк1ынум къытхуеблэгъащ 5, 6, 7 классхэм и еджак1уэ ц1ык1ухэр. Зэрыгуры1уэгъуэщи, ахэр гупищ мэхъу.А гупхэм дэ лэжьыгъэу еттащ ц1э зыф1ащыжыну.

Ди зэпеуэр зэрек1уэк1ынум фыщыдгъэгъуэзэнщ. Ар гуэшауэ щытынущ:

  1. Гупхэр зэгъэц1ыхун.

  2. Псалъэжьхэр.

  3. Псынщ1эрыпсалъэхэр.

  4. Усэхэр.

  5. Едзыгъуэ зэхэгъувэн.

  6. Нэщэнэхэр.

  7. Синквейн.

  8. Сурэт щ1ын.

Егъэджак1уэм:

Аращи щ1ыдодзэ ди зэпеуэм: Гупищыр утыку къыдогъэблагъэ.

Абыхэм я ф1эщыгъэц1эхэри дахэщ езы ц1ык1ухэм хуэдэу- «Джэрпэджэж», «Лэгъупыкъу», «Дыгъэ».

Гуп къэс я зэф1эк1ыр къапщытэнущ ди к1элъыплъак1уэхэм. Лэжьыгъэ къэс балл бжыгъэ яхуэвгъэувынур «1»-м къыщыщ1эдзауэ «5»-м нэск1эщ.


Япэ лэжьыгъэр – «Зэгъэц1ыхун» (гупым я ц1эр, ф1эхъус жа1эн)

Фи махуэ ф1ыуэ

«Джэрпэджэж» фIэтщащ ди гупым.

Ерыщу псоми дыпэщIэтщ

«Лэгъупыкъум» «Дыгъэм» деныкъуэкъунщ,

ТекIуэныгъэр къэттхьэкъунщ.


Къызэрыдэджэр «Лэгъупыкъущ»

«Джэрпэджэжым» «Дыгъэм» доныкъуэкъу!

Еджэным сыткIи дыхуэIэзэщ,

Нобэ дызэрытек1уэным дыщыгъуазэщ



Дыгъэ гупым къыдбгъэдэк1ыу - сэлам гуапэ

Адыгэбзэ лъэщыр ди 1эпэгъуу

Дыхуэп1ащ1эу джэгуным дыныф1уощ1э

Лэгъупыкъуми, джэрпэджэжми зыкъызэкъуэвмых,

Зэвгъащ1э, къик1уэт лъэпкъ дэ дымыщ1э,

Тек1уэныгъэр къызэрытхьынур фэри фощ1э.



Ет1уанэ лэжьыгъэр - Псалъэжь зэпеуэ. Псалъэжьхэр махуэ къэс бзэм къыщагъэсэбэп. Абыхэм бзэр къулей, шэрыуэ ящI. Псалъэжьхэр я ухуэкIэкIэ кIэщIщ, ауэ я гъащIэр кIыхьщ. Деплъынщ псалъэжьхэр зэрыфщ1эм.

Псалъэжьым ипэ къегъэжьап1эр сэ вжес1энщ, фэ къыпыфщэ.


Джэрпэджэж гупым псалъэ изот:

1.Адыгэ хабзэр (адэ щ1эиныжьщ)

2.Бзэр зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ,

Фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ,

(джатэм нэхърэ нэхъ жанщ)

3.Адыгэм и хьэщ1э (и щ1асэщ)


Лэгъупыкъу гупым псалъэ изот:

1.Уи адэ-анэ яхуэпщ1 нэмысыр

(Уи бынми къыпхуащ1ыжынщ)

2.Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ, (си хэкужь сыщыл1э)

3. Акъылым уасэ и1экъым, (гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым)



Дыгъэ гупым псалъэ изот:

1.Хэкум игъэгушхуэр (хахуэ мэхъу)

2.Бланэ щалъху ( йок1уэл1эж)

3. Акъыл зи1эр (еджэнк1э ирикъуркъым)


Ещанэ лэжьыгъэр - Псынщ1эрыпсалъэ зэпеуэ. Гупищми фызот тхылъымпIэ напэ зырыз. Абы ит псыщIэрыпсалъэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къыжыфIэ.

«Лэгъупыкъу» гупым:

1.Мо псыхъуэм мывопц1э ц1ык1у дэлъыр уи закъуэ уи мывопц1э ц1ык1у? Ар псоми ди зэхуэдэ мывопц1э ц1ык1ущ.

2. Мо шы къарэ лъакъуэху нат1эгъуджэр фи шы къарэ лъакъуэху нат1эгъуджэ хьэмэ ди шы къарэ лъакъуэху нат1эгъуджэра.

«Джэрпэджэж» гупым;

1.Нанэрэ дадэрэ зэблопсэлъык1-къызэблопсэлъык1ыж, зэблопсэлъык1э-къызэблопсэлъык1ыж.

2. Мо бжэкъуагъым къуэлъ жыхапхъэр унащхьэмк1э щхьэпрызут1ыпщык1, 
къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж, щхьэпрызут1ыпщык1, къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж.

«Дыгъэ» гупым :

1.Гъук1эр бгъук1э къапк1эри пк1элъейм дэлъеижащ.

2. Бжьахъуэм и пы1эр хуэбыхъущ, бжьахъуэм и вакъэр хуэмыхъущ.



Епл1анэ лэжьыгъэ- Усэ къеджэнк1э зэпеуэ.

-Егъэджак1уэм:

«Джэрпэджэж» гупым щыщ еджак1уэр (усэ къоджэ)

Адыгэбзэ – Адыгэпсэ (Жыласэ Замир)

1.Cи бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ щабэу адыгэбзэ,

Узигъусэщ жэщи махуи,

Гущ1эгъу щ1элъу сянэм и бзэ.


2.Адыгэбзэ уэ си гъащ1эм

Хьэл- щэныф1хэр къыхэплъхьащ

Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи

Уэ си гъащ1эм ухэлъынщ.


3.Адыгэбзэм нэхъ сф1эдахэ

Зы бзэ закъуи зэхэсхакъым

Адыгэбзэм хабзэ дахэр

Симыгъащ1эу хуэшэчакъым


4.Адыгэбзэ, уэ си дыгъэр

Махуэ къэск1э къысхуоупсэ

Адыгэбзэм и дахагъэм

Къыхелъхьэжыр адыгэпсэ.


5.Уи къуэпсхэр си анэдэлъхубзэ,

Сипкъ псом игуэшауэ сопсэу

Уэрщ л1ык1уэу и1эххэр си гупсэм

Ущохъу си тэрмэш къэрал псом.


«Лэгъупыкъу» гупым щыщ еджак1уэр (усэ къоджэ)

Усэ «Си анэбзэ, си адыгэбзэ» (Джэдгъэф Борис)

1.Пщэдджыжь нэхулъэм вагъуэр полъэлъри,

Къуалэбзуубзэр мэхъур пшынэбзэ

Бзум и бзэ дахэр сф1ощ1 си анэбзэ

Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.


2.Къэт1ысыт сибгъук1э си анэ дыщэ

Гущэкъу уэрэдк1э къызэ1ущащэ

Сэ псэуэ си1эр ар си анэбзэщ,

Ар си анэбзэщ, си адыгэбзэщ.


3.Жыгей мэзыжьу жьым къигъэушым

Ныдэуэршэру псынэр мэушэ,

Псынэ 1ущащэр сф1ощ1 си анэбзэ,

Сэ си анэбзэ,си адыгэбзэ.


4.Гъатхэ накъыгъэм щ1ыр игъэпсалъэу,

Гулъхэр бэвыгъэу къызэрылъэлъым,

Щ1ылъэм 1урылъыр сф1ощ1 си анэбзэ,

Сэ си анэбзэ, си адыгэбзэ.


«Дыгъэ» гупым щыщ еджак1уэр (усэ къоджэ)

«Си бзэм сыхуоусэ»  (Аф1эунэ Лиуан)

Си бзэр насыпышхуэщ,

Ижь – ижьыж бзэщ1эжщ.

Хэкущ, жьэгу пащхьэщ, хышхуэщ,

Хабзэ зэтещ1эжщ.

Ар си адэ – анэщ, си къарэгъул бжыхьщ,

Тхыдэщ, гъуэгущ, гъуэгуанэщ,

Ар насыпырыхьщ.

Си бзэр ущияк1уэщ, лъэпкъым я уэчылщ.

Ар ди узэщ1ак1уэщ,

Ди хьэл – щэн акъылщ.

Ар къурш щхьэпэлъагэщ,

Ар хъер хъыбарыжьщ.

Лъэпкъыр зэрыпагэщ,

Бэшэч угъурлыжьщ,

Прозэщ ар, поэзиещ,

Лъэпкъ мыгъэк1уэдыжщ.

Си бзэр псэущ, псэунущ,

Плъап1эм тхьэр итыху!

Зы адыги псэк1э

Бауэу

Щ1ым тетыху!.


Етхуанэ лэжьыгъэ – «Едзыгъуэ зэхэгъувэн»


Фыпсэу, усэ хьэлэмэт, купщ1э ин зи1э, куэдым уезыгъэгупсыс защ1эщ фыкъызэджахэр. Ди усак1уэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэмк1э на1уэ къащ1ащ я лъэпкъыбзэм лъагъуныгъэ нэс зэрыхуа1эр, ар хъумэн зэрыхуейр. Иджы фэ едзыгъуэ ц1ык1у зырыз адыгэбзэм теухуауэ зэхэфлъхьэ, фи анэдэлъубзэм хущытык1э дахэ хуви1эр къэвгъэлъагъуэу.


Еханэ лэжьыгъэ- «Нэщэнэ» зэпеуэ.

Ди 1уэры1уатэм щыщщ нэщэнэхэ зыбжанэ дгъэхьэзыращ. Ахэр ижь- ижьыж лъандэрэ гу зылъата 1уэхугъуэхэм къыхэк1ащ. Ар епхащ къэхъуну- къэщ1эным. Нэщэнэхэм ц1ыхум и зэхэщ1ык1ым зрагъэужь, ар гъащ1эм нэхъыф1у щыгъуазэ ящ1.

Гуп къэск1э фи пащхьэм илъщ нэщэнэхэм я къыщ1эдзап1эр тхауэ. Абыхэм и к1эухыр къыпыфтхэж. Зывгъэхьэзыри фи 1э ц1ык1ухэмк1э фызэрыубыд. Япэ хьэзыр хъу гупым япэ дедэ1уэнщ.

«Лэгъупыкъу» гупым:

1. Бжьыным фэ куэд телъмэ….. (щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу, жа1э).

2. Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ ……..(уэлбанэ хъунущ, жа1э).

3.Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэжмэ…..(уздэк1уэр къохъул1энукъым, жа1э).

4.Махуэр уэму, дыгъэр гуащ1эу къепсмэ …….(мыгувэу уэлбанэ хъунущ, жа1э)

«Джэрпэджэж» гупым:

1. Уэшх нэужьым лэгъупыкъу къищ1мэ ……(уэф1 мэхъу, жа1э).

2. Къуаргъхэр зэрызехьэмэ …….(уэлбанэ мэхъу е уэс къос, жа1э).

3.Былым къозытар хущ1емыгъуэжмэ ……(пхуобагъуэ, жа1э).

4 Хьэм удз ишхмэ ……(гъавэр бэв хъунущ, жа1э).

«Дыгъэ» гупым:

  1. Сабийм и дзэр къэкIыху гъуджэ ирагъаплъэртэкъым, и дзэр къэкIыгъуей мэхъу, жаIэрти.

  2. Нэр плъызмэ………. ( хьэщlэ къокIуэ, жаIэ).

  3. ХъумпIэцlэдж абгъуэ пкъутэмэ………………..(уэлбанэ мэхъу, жаIэ)

  4. Джэдум и щ1ыб маф1эм хуигъазэмэ…………( уае хъунущ жа1э).

.

Ебланэ лэжьыгъэ - «Синквейн».

«Джэрпэджэж» гупым : «Таурыхъ» псалъэм синквейн хузэхэлъхьэн.

Таурыхъ

Гъуэзэджэ, дахэ

Дыхурегъаджэ, къыыддо1эпыкъу, дыхуегъасэ

Занщ1эу удихьэх тхыгъэ хьэлэмэт

Захуэныгъэ.


«Лэгъупыкъу» гупым: «Усак1уэ» псалъэм синквейн хузэхэлъхьэн.

Усак1уэ

Гъуэзэджэ,щэджащэ

Матхэ, къегупсыс, зэхелъхьэ,

Усыгъэ ф1ыуэ зэхэзылъхьэ ц1ыху

Щ1эныгъэл1.

Дыгъэ гупым:

Адыгэбзэ

Шэрыуэ, лъэщ

Узрегъэпсалъэ, узэгурегъа1уэ, уегъэчэнджащэ,

Лъэпкъ зэтезы1ыгъэ 1эмал

Анэдэлъхубзэ

8-нэ лэжьыгъэ – «Сурэт щ1ын»

Нобэ дызытепсэлъыхь ди адыгэбзэ дахэр къыт1урызылъхьар, ар дэзыгъэщ1ар япэ дыдэу ди анэращ. Дэ псоми дощ1э анэр щагъэлъап1э махуэр гъатхэпэм иир къызэрысыр. Иджыпсту ек1уэк1ыну зэпеуэ лэжьыгъэр абы теухуащи, анэм хуэбгъэфащэу епт хъуну открыткэ тыгъэ ц1ык1у фщ1ынщ.

Ар фщ1ыху ебланэ классым щ1эс Къалмыкъ Сатаней уэрэд къыджи1энщ «У адыгов обычай такой»


Езыгъэк1уэк1ыр:

Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэкъым, узэрымыгупсысэ бзэр щымыIэ пэлъытъэщ – зэрызепхьэм, зэрыбгъэпсалъэм елъытащ лъэпкъым пщэдейм щиубыдыну увыпIэр. Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ, а тIур зэпэIэщIэ хъумэ, зэмыгъусэу щытмэ, бзэм ихьын щыIэкъым. Адыгэбзэ псэлъэкIэмрэ тхыгъэмрэ щызэлъэIэскIэ, щызэкIэлъыщIыхьэкIэ, бзэм иджыри ущыгугъ мэхъу.

Дэ псоми ди къалэнщ къыддалъхуа бзэр, ди адэшхуэхэм къащ1эна хабзэ дахэр тхъумэну, ипэк1э дгъэк1уэтэну, лей къытедмыгъэхьэну. Бзэм и щы1эныгъэр, и къэк1уэнур псом хуэмыдэу зэлъытар фэ щ1эблэщ1эращи, дыфщогугъ а къалэным ерыщу фыпэщ1этыну, лъэпкъ 1уэхур ипэк1э вгъэк1уатэу, фызэрыадыгэм фрипагэу фыпсэуну.

Иджыпсту ди к1элъыплъак1уэхэм псалъэ изот.

(Джэгу-зэпеуэ ек1уэк1ам теухуауэ къопсалъэ)


Нобэ ди зэ1ущ1эм кърихьэл1ахэм ф1ыщ1э ин фхудощ1. Узыншэу фыщытхэ!















Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!