СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Си анэбзэу си адыгэбзэ

Нажмите, чтобы узнать подробности

Просмотр содержимого документа
«Си анэбзэу си адыгэбзэ»


1.Езыгъэк1уэк1ым

-Ф1эхъус апщий, псэм и щ1асэу ди хьэщ1э лъап1эхэ, 1эзэрэ щыпкъэу ди егъэджак1уэхэ,дыгъэ-щыгъэу ди еджак1уэхэ,нобэ ди гапэу фыкъыдогъэблагъэ адыгэбзэм, ди анэдэлъхубзэм теухуа джэгу -зэпеуэм.

Ноби ди адыгэбзэр зэрыдгъэшэрыуэфыр, ар зэрытхъумэфыр къэтпщытэжынщ.


1.Езыгъэк1уэк1ым: Абы щхьэк1э гупит1 дгъэбелджылын хуейщ. Псалъэ-къуажэхьым и япэ 1ыхьэмрэ ет1уанэ 1ыхьэмрэ зэпагъэувэжу псалъэщ1э къагъэхъунщ. Зы бжыгъэр зытет псалъэр къызылъысар япэ гупщ, т1ур – ет1уанэ гупщ. Гуп фызэрыгъэхъуа нэужь гуп къэс ц1э зыф1ывощыж.

1.Езыгъэк1уэк1ым:1. Япэ псалъэм и япэ 1ыхьэм къегъэлъагъуэ унэ щагъэхъу, губгъуэми щыпсэу, псым ф1ыуэ щес псэущхьэ (къаз)

Ет1уанэ 1ыхьэм -1эуэлъауэ, даущ (макъ)

Псалъэ псом-пхъэщхьэмыщхьэ гъуэжь гуащ1э ц1ык1у(къазмакъ).

2Езыгъэк1уэк1ым:2.Ет1уанэ псалъэм и япэ 1ыхьэм-егъэзыхыгъуэ зи1э бгы, хэ1этык1а (1уащхьэ), ет1уанэ 1ыхьэм - дыгъэр къыщыкъуэк1ымрэ щыкъухьэжымрэ яку дэлъ зэман (махуэ).

Псалъэр -Урысеймрэ Европэмрэ нэхъ лъагэ дыдэ 1уащхьэм и ц1эр (1уащхьэмахуэ).

1Езыгъэк1уэк1ым:1. Япэ 1ыхьэм -ц1ыхумрэ тхы зи1э псэущхьэхэмрэ зэрыда1уэ (Тхьэк1умэ).

Ет1уанэ 1ыхьэм - жыжьэ нэс, лъагэ (К1ыхь).

- шэрып1 псэущхьэ, зи тхьэк1умэхэмрэ зи пхэ лъакъуэхэмрэ к1ыхьу щыт. (Тхьэк1умэк1ыхь)

2Езыгъэк1уэк1ым:2 Япэ 1ыхьэм – щ1ыбыкумк1э ех къупщхьэзэрыблэ.(Тхы)

Ет1уанэ 1ыхьэм -и фэр быдэу, купщ1э и1эу, дейм къыпык1э. Дэ

Псалъэр -зыгуэрым и къек1уэк1ык1а, зэман жыжьэ гурым и къэхъукъащ1э, 1уэхугъуэ ек1уэк1ахэр зыдж наукэ. (Тхыдэ)

1Езыгъэк1уэк1ым:1. Япэ 1ыхьэм – ещанэу Дыгъэм пэщыт, ц1ыхухэр, псэущхьэхэр зыщыпсэу планетэ.( Щ1ы)

Ет1уанэ 1ыхьэм - дыгъэр къыщыкъуэк1ымрэ щыкъухьэжымрэ яку дэлъ зэман.(махуэ)

Псалъэр - Гъэм и 1ыхьипл1ым щыщу бжьыхьэмрэ гъатхэмрэ яку дэт зэман. (Щ1ымахуэ)

2Езыгъэк1уэк1ым:2.Япэ 1ыхьэр- Ху къызыщ1а1ук1 гъатхасэ къэк1ыгъэ.(мэш)

Ет1уанэ 1ыхьэм – бэгъуа, бэта, берычэт хъуа (бэв).

Псалъэр – ц1ыв хъурей ц1ык1у, 1эпап1э ф1ыц1э ц1ык1ухэр хэсу. (Мэшбэв)


1.Езыгъэк1уэк1ым: Гупхэр фыщызэрыгъуэтак1э гуп къэс ц1э зыф1эфщи ди джэгу зэпеуэм щ1эддзэнщ.

2Езыгъэк1уэк1ым: 1.Анаграммэ жи1эмэ къэк1уа псалъэм хэт хьэрф дыдэхэр къагъэсэбэпурэ псалъэщ1э къыщагъэхъум дежщ. Япэ зэпеуэри зытеухуар аращ.

Фи пащхьэ итлъхьа псалъэхэм псалъэщ1э къыхэфщ1ык1ыну, хьэрфхэ здэщыт щ1ып1эхэр фхъуэжурэ, хьэрфи хэвгъэху хьэрфыщ1и хэвгъэувэ хъунукъым. (псалъэхэр гупхэм ират).

Япэ зыуха гупым баллитху къехь.


Гъубжэ- бжэгъу

Дахэ – хадэ

Псалъэ – лъапсэ

Щ1ымахуэ – хуэмыщ1а

Махуэгъэпс –гъэмахуэпс

Дохутыр - тыдохур

Мадэ – дамэ

1Езыгъэк1уэк1ым: 2. Фразеологизмэк1э дызэджэр хэт дигу къигъэк1ыжын. Ар зэк1эщ1эпк1 мыхъу псалъэхэращ. Къык1элъык1уэ зэпеуэр зытеухар фразеологизмэхэращ.

Фразеологизмэхэм я мыхьэнэхэр пытхэжын, абыи нэхъапэ зыухыу ди к1элъыплъак1уэхэм я пащхьэ изылъхьэ гупыр тек1уащ.

И шык1э маф1э егъэуауэ (псынщ1э дыдэу, пэщ1эгъуэр телъу)

И щхьэр ф1эхун (нэщхъей хъун)

И гум ежэл1эн ( и жагъуэ хъун)

И 1эщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ (егугъуу елэжьын)

Уэгъури чыхури гурымы1уэн(зыри хэмызэгъэжу, яхуэмыгъэбэяжу щытын)

Нэщхък1э пыджэн (зэхэуфауэ, губжьауэ плъэн)

Пэк1э псы ефэн (зэхэщ1ык1 щ1агъуэ имы1эн, делэ)

1Езыгъэк1уэк1ым: Гупхэр хьэзыр хъухунк1э къыдэплъхэми псалъэжьхэр зэрыфщ1эжым деплъынщ.

2Езыгъэк1уэк1ым: псалъэжьхэм я пэщ1эдзэхэм дыкъеджэнущи, зэриухыр фэ пыфщэжынщ. Къэзыщ1эм зы балл зыхуей гупым хуигъэфэщэну хуитщ.

1Езыгъэк1уэк1ым: Лэжьыгъэм ц1ыхур егъэлъап1э,(щхьэхынагъэм егъэпуд)

1Езыгъэк1уэк1ым: Улажьэмэ лыжь пшхынщ, (умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ)

1Езыгъэк1уэк1ым: Гъамахуэм къомылэжьыр, (щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым)

1Езыгъэк1уэк1ым: Анэр нэм хуэдэщ, (адэр дэм хуэдэщ)

1Езыгъэк1уэк1ым: Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунщ)

1Езыгъэк1уэк1ым: И анэ еплъи, ( ипхъу къашэ).


1Езыгъэк1уэк1ым: 2.Къык1элъык1уэ зэпеуэр «Псалъэ лъэпкъыгъуэхэрщ». Къызэрывгуры1уащи, псалъэ лъэпкъыгъуэхэр къэтпщытэжынущ.

Псалъэхэм зэхэзэрыхьауэ сыкъеджэнущ. Щы1эц1э сыкъыщеджэм деж япэ гупыр 1эгу йоуэ, плъыфэц1э сыкъыщеджэм и деж – ет1уанэ гупыр йоуэ. Аращи щ1ыдодзэ, гупсэхуу феда1уэ. Зы псалъэ пэж къэсыхунк1э зы балл хуозэ.


1Езыгъэк1уэк1ым: Мастэ

2Езыгъэк1уэк1ым: Хуабэ

1Езыгъэк1уэк1ым: Гуак1уэ

2Езыгъэк1уэк1ым: Плъыжь

1Езыгъэк1уэк1ым: Хабзэ

2Езыгъэк1уэк1ым: Хъыджэбз

1Езыгъэк1уэк1ым: Шхэн

2Езыгъэк1уэк1ым: Зэман

1Езыгъэк1уэк1ым: Псалъалъэ

2Езыгъэк1уэк1ым: Псэлъэрей

1Езыгъэк1уэк1ым: Зэфэзэщ

2Езыгъэк1уэк1ым: Еджэн

1Езыгъэк1уэк1ым: 3.Псалъэжьхэр – ц1ыхубэм и гупсэщ. Дэтхэнэ лъэпкъми и бзэм , и тхыдэм къыдогъуэгурык1уэ ар. Псалъэжь зимы1э лъэпкъ дунейм теткъым.

Къык1элъык1уэ джэгук1эми и ц1эр «Псалъэжь зэпэдзыж»-щ. Зэпэвдзыжурэ гуп къэс псалъэжьхэр жыф1энщ, зы псалъэжь къэсыхунк1э зы балл хуозэ. (псалъэжьхэмк1э зэпоуэ)


1Езыгъэк1уэк1ым: 4. Ц1ыхур тхыгъэ нэхъыбэ еджэхунк1э и къэухьым, и бзэм зеужь, нэхъ гурыхуэ мэхъу. Фэ фызэджа тхыгъэхэм щыщу фи гум ивубыдахэр, гукъинэж фщыхъуахэр къэтщ1энщ.

Джэгук1эм зэреджэр « Тхыгъэхэр къыдощ1эж». Пычыгъуэм дыкъоджэ, зыщыщ тхыгъэр, зытхар къыжыво1э. Жэуап пэж къэсыхунк1э баллитху хуозэ. Япэ гупым щ1едзэ.

1Езыгъэк1уэк1ым: «Л1ыжь ц1ык1ур яшэри к1уэжащ, жэщи хъуат. Хъаным и пхъум дыщэ джэд и1эти, и дыщэ джэдыр гъуэлъып1эм дыщэ лэрыпск1э епхауэ к1эрытти, зыкъык1эритэт1ык1щ аби- мэзыр япэмыжыжьэу щытт- еуэри, мэзым к1уащ дыщэ джэдыр. Мэзым к1уэщ аби, зилъэхъэжащ.(«Пк1ауэ и джэш дзык1э» 1эрыу1атэ.)

2Езыгъэк1уэк1ым: «Зы удыжь ц1ык1у, лъакъуэ мастэ хъужауэ, зы кхъуэщын ф1ыц1э ц1ык1у и блэгущ1эм щ1элъу абы къигъэуващ. Мыжэф и къуэ Жэрей и лъакъуэ лъэныкъуэр и к1эпкъым дигъэпщк1уэжри а фызыжь ц1ык1ум къыбгъурыуващ. Хъаным яригъэлъэгъуащ здынэсынури къыздагъэзэжынури.» ( Акъ Мухьэрбэч «Маргъын и шабзэ»)


1Езыгъэк1уэк1ым: «Сыт зэгупсысыр уэсыр?

Дэнэ здигъэзэжыр

Сытми – сригъэзэшкъым,

Къысхуеплъэк1ыжу, къосыр». (Бещтокъуэ Хьэбас «Уэсым и гъуэгуанэ»)

2Езыгъэк1уэк1ым: «Пхъэ уадэр , сыджыр щилъагъум,

Гъэщ1эгъуэн къыщыхъури гъущ1у

Сыджрэ уадэрэ ищ1ащ,

Еплъщ, къеплъыжри иригъук1э

Зэрыхъунум гу нылъетэ,

А лъэхъэнэм щыщ1эдзауэ

Иригъук1эу къыщ1едзэ» («Лъэпщ 1эдэ зэрищ1ар» 1уэрыу1атэ)

1Езыгъэк1уэк1ым: «Жэщым игъэжьа гъуэмылэр пщэдджыжьым къэлътмакъ зэпедзэк1ым ирилъхьэри къулъшыкъум деж, хэк1уэтауэ, си сабиигъуэм анэ гущ1эгъур бгъэдэлъу, гъуэмылэр мэкъум схьыну сежьащ.Уэрамыбгъухэм я жьауэм сыщ1эк1ыу, дунейр къэзыгъэнэху, тафэм зыщызылыгъуэ дыгъэм сыщыхыхьэм, къэлътмакъыр къызэхьэлъэк1ащ.» (Щоджэнц1ык1у Алий «Хьэжыгъэ пут закъуэ»)

1Езыгъэк1уэк1ым: Махуэ гуэрым нанэ нэхъ хьэлъэ хъуауэ гу лъыстащ. Махуэк1э т1эк1у уэрамым сыщытехьи къэхъурти, а махуэм езым сызыбгъэдигъэк1акъым. Гъунэгъу дыдэу сызыбгъэдишщ, сигъэт1ысри, сыщысабийм щыгъуэ си щхьэфэм 1э къызэрыдилъэу щытам хуэдэу, и 1э къарууншэ хъуахэмк1э си щхьэм 1э къыдилъэурэ, тэк1урэ щысащ. Абы и нэщ1ащэ кумб хъахэм илъадэу къэувы1а нэпсхэр щыслъагъум си гур къызэф1энащ.

-нанэ сыт ущ1эгужьеяр?

- Сыгужьейркъым, си щ1алэ, ар гуф1э нэпс.Ауэ сэ зы хъыбар бжес1энущи, къеда1уэ.(Брат Хьэбас. «Замир»


1Езыгъэк1уэк1ым: Къык1элъык1уэ джэгук1эм гуп къэс усэ гук1э къытхуеджэн хуейщ. Усэ къэсыху баллитху хуозэ.

«Хэт нэхъ жьак1уэ» аращ джэгук1эм и ц1эр. Хьэзырым псалъэ фыдот.

1Езыгъэк1уэк1ым: Ди джэгу зэпеуэр щIэдгъэхуэбжьэнщ жыдоIэр. АбыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъуфынущ «Ди бзэ докъутэ» псынщIэрыпсалъэ зэпеуэр.  ГупитIми фыдот тхылъымпIэ напэ зырыз. Абы ит псыщIэрыпсалъэхэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къыжыфIэ. 

1.     Псыщэр псыншэм, псышэм къешэр, псыщэм къишэр псыщэм ещэр.

 

2.     Щак1уэ щ1акъуэм щ1ак1уэ щ1агъым щ1акхъуэ ф1ыц1э щ1элъу ехь.

3.     Мыщэр пэщащэу мыщэхупщейм дэпщейри нэхущым къепщыхыжащ.


Езыгъэк1уэк1ым: «Къэщ1эрей и 1ыхьэ» джэгук1эм къыщывэдгъэщ1энущ къуажэхьхэр.

Езыгъэк1уэк1ым: Ауэ ахэр къызэрыгуэк1 къуажэхькъым, ат1э пасэрей къуажэхь – ребусхэщ. Ребусхэр зэхэвгъэувэу къуажэхьхэри къэфщ1эжын хуейщ.

Девгъэплъыт хэт нэхъыф1у пэлъэщми.

Езыгъэк1уэк1ым: Ди гупит1ым къуажэхьхэр къащ1эху «Пщащэ къафэ» ди гуапэу фыдогъэплъ.



Езыгъэк1уэк1ым: Гупхэм фи лэжьыгъэхэр к1элъыплъак1уэхэм я пащхьэ ифлъи баллхэр къабжыжынщ.


Езыгъэк1уэк1ым: Тек1уэныгъэр къэзыхьар ягъэбелджылыху Мэремыкъуэ Хъусен и уэрэд «Си адыгэбзэ» жыхуи1эм дедэ1уэнщ, псори дыдежьууэ .


Езыгъэк1уэк1ым: Нобэ къек1уэл1ауэ хъуам, ину берычэт бесын вжыдо1э. Ди гуапэщ, фи гукъыдэжыр къэтт1этамэ, фи зэшыр тедгъэуамэ.


Езыгъэк1уэк1ым: Иужьми вжет1эжыну дыхуейт, ДывмыгъэщI IэщIыб ди анэдэлъхубзэр, дуней псом лъэпкъыу дыкъызэрыщацIыху ди адыгэбзэр, ди адыгэ хабзэр, нэмысыр. Дывгъэхъумэ ар, дыхуэвгъэсакъ нэхъыжьхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна а фIыгъуэ иным.


2Езыгъэк1уэк1ым: Дывгъэпсалъэ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, IутIыж Борис сымэ хуэдэ адыгэлI щэджащэхэм яIурылъа бзэ дахэмкIэ. Ди дежкIэ абы нэхърэ нэхъ лъапIэ, нэхъ хуабэ, нэхъ IэфI щымыIэ.












Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа»

с.п. Совхозное Зольского муниципального района КБР









Классщ1ыб лэжьыгъэм

и сценарий



«Си анэбзэу си адыгэбзэ»






Зэхэзгъэувар : адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмк1э

и егъэджак1уэ Кърымыкъуэ Р.Б.



















Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!