СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

"Родной язык-душа моя, мой мир"

Нажмите, чтобы узнать подробности

Участие в республиканском конкурсе "Родной язык-душа моя, мой мир"

Просмотр содержимого документа
«"Родной язык-душа моя, мой мир"»

Си лъэпкъ адыгэу

Л1ыгъэр зыдалъагъум

Лъэпкъ куэд къехъуапсэу

Щит1эгъэфырт фащэ:

И цей 1эщхьэхъум

Дыжьынхэр, щынэдзэу,

Къыхэплът,

Бгырыпхым щ1эпхат дыжьын къами.



Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

Ц1ыхухъу фащэм сытепсэлъыхьын ипэ къихуэу, абы и тхыдэм щыщ гуэрхэр къыжыс1энут.

Адыгэ фащэм зэф1эувэн щ1идзащ еханэ л1эщ1ыгъуэм. Ар тохуэ алыджхэмрэ византийцхэмрэ адыгэхэм нэхъри пэгъунэгъу хъууэ чыристан диныр къащтэу щыщ1адзам.

Адыгэ фащэр и лъэ щытеувэпар пщык1уий-пщык1убгъу (18-19) л1эщ1ыгъуэхэрщ.

-Минрэ щийрэ т1ощ1рэ й гъэм (1828) адыгэ фащэр къэзакъхэм ящтащ. Кавказ линием и генерал – лейтенант Эмануэль къазакъхэм я фащэ зэхэтхъуар хуэмышэчыжу, псоми адыгэ фащэ зэрахьэну унафэ ищ1ащ.

- Минрэ щийрэ щэщ1рэ зы гъэм (1831) урыс пащтыхь Александр ет1уанэм унафэм 1э щ1идзащ.

Адыгэ фащэм «черкескэк1э» еджэу урысыбзэм щыхыхьар минрэ щийрэ хыщ1рэ зы гъэм (1861) щэк1уэгъуэм (ноябрым) и т1ощ1рэ блым (27), Зауэмк1э Урысей Министерствэм унафэ къыдигъэк1а нэужьщ.

«Черкесы- аристократы Кавказа, законадатели моды на Кавказе жа1агъат Кавказавед щ1эныгъэл1хэм. Шэрджэсхэм я фащэр щат1агъауэ зэрахьэ Кавказым ис лъэпкъхэм. Ди тхыдэми хыдолъагъуэ ди фащэр сыт и лъэныкъуэк1и зэпэщу зэрыщытым, зауэл1ым дежк1э зэрытыншым къыхэк1ыу ди бийхэми зэрыщат1эгъауэ щытар.

Адыгэ фащэм и Дуней псо Махуэр япэу ягъэлъэп1эн щ1адзащ минит1рэ пщык1уз гъэм (2011) фок1адэм (сентябрым) и т1ощ1рэ йм (28) (ар нобэми догъэлъап1э)

Адэк1э фащэм и зэхэлъык1эр:

Адыгэ фащэр цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэгъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэкIынкIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм утемышыныхьу апхуэдэщ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр, лъейр.

Адыгэ цейр нэм зыкъы­щIэзымыдзэ фэхэм къыха­щIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цейм и лъабжьэ щIэлъ   джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэ­фIу да Iэщхьэм итщ. ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам дежт.

Сэ нэхъ сф1эгъэщ1эгъуэн хъуар хьэзырхэмрэ хьэзырылъэхэмрэщ.

Хьэзырылъэхэр цейм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэ­щIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар.

Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имы­гъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Адыгэл1ым хьэзыру пкъырылът 16 (пщык1ух).  Хьэзырхэм щыщу хырыхым илъу щытащ  шэ хьэзырхэр. И бгъэ сэмэгумкIэ щыIэ хьэзырхэм щыщу блэгущIэм нэхъ и гъунэгъуитIым язым илът удз хъущхъуэ. И бгъэ сэмэгумкIэ щыIэ хьэзырхэм щыщу блэгущIэм нэхъ и гъунэгъуитIым етIуанэм илът  мастэ-Iуданэ, дыд, фэдэн. Ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ хьэзырхэм щыщу блэгущIэм нэхъ и гъунэгъуитIым илът: лы гъэгъуа,  щтамылыч, щтауч.

Адэк1э цейм къыпхугуэмыхын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэт. Къищынэмы­щIауэ, фочым узэреIэзэн Iэмэпсымэхэри к1эрылът.

Ц1ыхухъум и къамэр щызэк1эрихыр дыуэщ1 щыдыхьэк1эт. Мыпхуэдэуи зыщ1ып1э сыщыхуэзащ абы теухуауэ: «Адыгэ фащэм зыгуэр къыхуэту щыпт1эгъэныр ек1уртэкъым. Абы хэпх хъунур къамэ закъуэрщ, арии зи ныбжьыр илъэс хыщ1 ирикъуам зык1эрихыжу и къуэрылъхум щритыжым дежщ. А ныбжьым нэсами, нэхъыжьыф1ым къамэр зык1эримыхыжмэ, абы къуэрылъху имы1эу аращ».

Апхуэдэуи адыгэл1ым и пы1эр зэи ц1ыхум щахэтк1э щхьэрихыртэкъым. ЦIыхухъу фащэм щыщу бащлъыкъыр гъуэгурыкIуэм гъуэмылалъэ хуэхъурт, щыхуейм деж, и нэкIур щIихъумэрт. Щ1ак1уэр тепIэнщIэлъын хъурт, абы уэшхи, уэси пхигъэкIыртэкъым.

Сэ сропагэ мыпхуэдэ лъэпкъ узыншэ, лъэпкъ 1ущ сыкъызэрыхэк1амк1э.

















А псори

Зигу ирихьхэм къащтащ фащэу.

Джэгу ирихохьэ,

Ирихэтщ махуэшхуэм…

Фащэм хэт къехъуэпсэми

Солъэ1ур:

Нэмысыр, л1ыгъэр телъхьэу щ1ыгъущи,

Къафщтэ!

Адыгэ фащэр фэилъхьэгъуэ дахэ къудейкъым, ар укъызыхэк1ам пщ1э хуозыгъэщ1щ, лъэпкъым и гупсысэ, зэф1эк1, 1эзагъ къызытещыж 1эужь нэсщ.

Ц1ыхубз фащэм хохьэ : дыщэ 1уданэк1э хэдык1а пы1эр, шылэхъарыр, тхыпхъэщ1ыпхъэ дахэхэмк1э гъэщ1эрэщ1а бостей к1ыхь дахэр, бгъэ1улъыр, щ1ы1у бгырыпхыр, вакъэ псынщ1эр, 1эщхьэпылъыр.

Щхьэж и зэф1эк1  и къулеягъ теухуауэ ц1ыхубз фащэхэр ирагъэдт. Ц1ыхухэм щэк1ыр европэм , къуэк1ып1э жыжьэхэм кърагъэхт. Ц1ыхубз фащэм метритху щытек1уадэ щы1эт. Пщащэм и дэк1уэгъуэ щыхъуам деж, абы 1эмал имы1эу фащэ да хьэзыру щылъу и1эн хуейт

   Упщ1эм ц1ыхубзхэм вакъэ къыхухащ1ык1ыу арат. Пщы уэркъхэм япхъухэм хурагъэщ1у щытащ пхъэ вакъэхэр. Ахэр къыхахт пхъэ быдэхэм: зейм,кхъужьейм,дэшхуейм. Апхуэдэ вакъэхэр ц1уугъэнэк1э ягъэщ1эращ1эт,абы зэритри лъэхъстэн вакъэ хъурей щабэт. Пхъэ вакъэхэм я мыхьэнэ нэхъыщхьэр, бзылъхугъэр мылъэбакъуэхъуу,ц1ыхухъу зек1уэк1эу щымыту, лъэбакъуэ щабэу щытынырат, зек1ук1э дахэ и1энырат. А псом къыщынэмыщ1ауэ ахэм къагъэлъагъуэрт пщы уэркъым къызэрыхэк1ар

Пщащэм и щхьэм телъын хуейуэ адыгэм къилъытэт: IэлъэщIыр, пыIэ цIыкIухэр, щхьэм хэплъхьэ гъэщIэрэщIэныгъэхэр. Хъыджэбз цIыкIур хуитт и щхьэм зыри тримылъхьэну, ауэ и шэгъуэ щынэсым зытрилъхьэну хабзэт дыщэ пыIэ цIыкIур. Быныр зыгъуэта нысащ1эм 1элъэщ1ыр зытрилъхьэт. Къулей унагъуэхэм щыщ пщащэхэм япэ сабийр къахэмыхъуэ щIыкIэ зэрахьэу щытащ дыщэ пыIэ цIыкIухэр, гъэщIэрэщIауэ щытт ахэр дыжьын хъурей цIыкIукIэ.

  Бгырыпхыр щатIагъэу щытащ джанэм е бостейм и гущIыIукIэ. Бгырыпхыр къыхэщIыкIат дыжьыным, гъэдэхат мыщIэ зэщымыщхэмкIэ. Зэв дыдэу икъузт пщащэм и бгыр. Бгырыпхэр епщык1убгъуанэ л1эщыгъуэм нэсыным куэд имыIэжу ящIу щIадзащ псыгъуэу икIи нэхъ дахэу.

Бостейр щытт  кIыхьу, и бгъэр зэIухауэ, и Iэгъуапэхэр бгъузэу, и Iэхэм и деж шынэскIэ бгъуэ хъууэ. Бостей дахэхэр къыхадыкIт щэкI лъапIэхэм: шылэ Iуданэ, къэдабэ. Адыгэ фашэм и теплъафэр зэтеубыдауэ щытт. Зэи къащтэртэкъым удзыфэ, щхъуантIафэ, нэхъ къагъэсэбэпу щытащ хужьыфэ, плъыжьыфэ, фIыцIафэ, къуэлэн хъыданхэр. Бостейм и кIапэхэри ибгъухэри къэдыхьауэ щытт дыщэ IуданэкIэ.

Ит1анэ гъэщ1эгъуэн дыдэ сщыхъуащ хъыджэбз ц1ык1ур и щхьэцым ирипагэу, абы хуэсакъыу ягъасэу зэрыщытар, щхьэцыр адыгэ фащэм щыщ 1ыхьэу ябжу зэрыщытар.


Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!