СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

Родной язык 2 класс

Нажмите, чтобы узнать подробности

Родной язык 2 класс

Просмотр содержимого документа
«Родной язык 2 класс»

Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение Средняя общеобразовательная школа с. Псыншоко»









«Однокоренные (родственные) слова»


(методическая разработка урока кабардинского языка во 2 классе)















Учитель начальных классов

А.М.Нафонова

Мурадыр:
  • Псалъэ лъабжьэр къазэрыгурыIуар убзыхун, ар щыуагъэншэу псалъэм къыщагъуэтыфу егъэсэн;

  • Псалъэ зэлъабжьэгъухэр жегъэIэн;

  • Гъатхэм теухуа псалъэмакъ егъэкIуэкIын, псалъэжьхэр, къуажэхь- хэр еджакIуэхэм жегъэIэн, бзэм зегъэужьын.

  • Природэр фIыуэ ялъагъуу, яхъумэу сабийхэр гъэсэн.

Урокым ехьэлIапхъэхэр: сурэтхэр, карточкэхэр, презентацэ

«Гъатхэ»


Урокым и екIуэкIыкIэр
    1. Урокым и пэублэ.

-ЕджакIуэхэр урокым зэрыхуэхьэзырым кIэлъыплъын, темэмрэ му- радымрэ щыгъуазэ щIын. (слайд №1, 2)

«Удзхэри къощхъуантIэ, дыгъэри къопщIыпщI. ПцIащхъуэ цIыкIунитIэм бжащхьэм абгъуэ щещI. Дыгъэри щIэращIэщ, гъатхэри гум фIэфIщ.

СегъэдаIуэт, дахэ, уэрэд псэм фIэIэфI»

-Гъэм и сыт хуэдэ зэман усэм зи гугъу ищIыр?

-Сыт хуэдэ гъэм и зэман дызэрытыр?

-Фыкъеджэт доскам ит псалъэхэм.

гъатхэ, гъатхэпэ, гъатхэкIэ, къуаргъ (доскам итщ)

-Сыт хуэдэ псалъэ лейр? (Къуаргъ)

-Адрей псалъэхэм щхьэкIэ сыт жыфIэфынур? (Ахэр псалъэ зэлъаб- жьэгъущ)

-Хэт къизжиIэн нобэ ди урокым и темэр?

Нобэ, цIыкIухэ, псалъэ лъабжьэм, псалъэ зэлъабжьэгъухэм те- ухуауэ тщIэр едгъэбыдылIэнущ. БлэкIа темэхэр къэтпщытэжынущ. Гъатхэм дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм дытепсэлъыхьы- нущ.

    1. Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн

-Гъатхэм теухуа сурэтхэм я выставкэ.

Гъатхэм теухуа сурэтхэр хъарзынэу фщIащ. Сурэтхэм хэтщ гъатхэ- пэр къыщыгъэлъэгъуаи, гъатхэкIэр къыщыгъэлъэгъуаи.

-Сочиненэ «Гъатхэ»

Гъатхэм теухуа сочиненэхэм еджак1уэхэр къоджэ.

- Гъатхэ. Мы гъэм гъатхэр пасэу къихьащ. Дунейр нэхъ хуабэ хъуащ. Дыгъэ къопс. Уэсыр мэткIу. Псыхьэлыгъуэхэр мажэ. Гъат- хэм псори къопсэуж. Къуалэбзухэр ди щIыпIэм къолъэтэж. Абыхэм абгъуэ ящI. Дэ ахэм дыхуосакъ. Къуалэбзухэр сэбэп мэхъу. Сочи- ненэхэри фIы дыдэу фтхащ. Гъатхэм къэхъу зэхъуэкIыныгъэхэм фызэрыщыгъуазэр си гуапэщ. АдэкIэ ди урокым къыпыдощэ.

    1. Дахэу тхэ

-Тхэным ди 1эпэхэр хуэдгъэхьэзырынщ.

Iэбэдзыуэ-дзыуэ Ланэ изогъэщI.

И Iэ цIыкIухэр цIууэ Шхэгъуэ къэс етхьэщI. Iэбэдзыуэ-дзыуэ,

Ланэ джэгурей,

Ещхьщи жэнэтбзум ар, Уафэм долъэтей.

Iэбэдзыуэ-дзыуэ, Уэгур къелъэтыхь,

Вагъуэ цIыкIухэр цIууэ Ланэ цIыкIу къытхуехь

-Жыджэру фи Iэпэхэр тхэным хуэвгъыхьэзыращ, фытIысыжи доскамкIэ фыкъаплъэ.

- Мы псалъэхэм зэщхьу сыт хуэдэ хьэрф хэтыр? (гъ)

гъатхэ, гъатхэпэ, гъатхэкIэ, къуаргъ (доскам итщ)

-Сыт къызжефIэн а хьэрфым теухуауэ? Хьэрф гъ-р дамыгъитIу зэ- хэтщ)

-Сыт хуэдэ макъ къигъэлъагъуэр а хьэрфым? (гуэгъу зиIэ макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъ)

-Хэт къищIа нобэ ди урокым дахэу, къабзэу, пэжу тхэным хухэха дакъикъэхэм тхыну хьэрфыр? (Гъ, гъ)

-Сыт ар хьэрфышхуэрэ хьэрф цIыкIуу щIыщытыр? (Правилэр къыжаIэ, щапхъэ къахь).

-Нэхъ дахэу фтха хьэрфыр къэфтхъыхь.



-Псалъэухахэм фыкъеджэ.

Къуаргъ.у зыкъом жыгым тест. Гъатхэм пасэу п.щIэр бжьыхь- эм игъуэ мэхъу.

-Хьэрф дэгъэхуахэр хэвгъэувэж. Псалъэм хэт хьэрф ы-м сыт и къа- лэныр? (правилэр къыжаIэ)

-Псалъэухахэм щыщу псалъэжьыр дэтхэнэра? Дауэ къывгурыIуэрэ псалъэжьым и мыхьэнэр? Псалъэжьыр тетрадым иратхэ.

    1. БлэкIа урокхэм яджар къэпщытэжын

1. Словарнэ диктант (сурэткIэ, слайд № 3)

Къанжэ, къуаргъ, пцIащхъуэ, къру, хьэндрабгъуэ, аргъуей, жьын- ду, бжэндэхъу, пкIауэ, пцIащхъуэ. (Проверка в парах)

-Гъудэ бадзэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр плъыжьу, къуалэбзухэр – удзыфэу щIэтхъэн.

-Къуалэбзухэм щхьэкIэ сыт жыфIэфын?

(Къуалэбзухэм языныкъуэхэр бжьыхьэм хуабапIэ щIыпIэхэм мэлъ- этэжхэр. Гъатхэм деж абыхэм къагъэзэжри абгъуэхэр ящI, бзу шыр цIыкIухэр къраш).

Сыт хуэдэ бзухэра ар?

    1. Урокым и темэм елэжьын
  1. ПцIащхъуэ цIыкIухэр IэнэщIу къэлъэтэжакъым, абыхэм фэ лэжьыгъэ къыфхуахьащ. (слайд № 4)

- Феплъыт сурэтым. Сыт щыфлъагъур? Фыкъеджэт пцIащхъуэ цIыкIум къыфхуихьа псалъэухам.

Псыхьэлыгъуэ цIыкIухэр йожэх.

- Абы хэт псалъэхэм упщIэ яхуэвгъэув.

Псыхьэлыгъуэ псалъэм и лъабжьэгъу къэвгупсыс. (псы, псынэ, псыкъуий, псылъэ, псыежэх)

-Псалъэхэр тетрадым ифтхэ. (Тетрадми досками псалъэхэр щатх, еджакIуэхэр зэрызурэ къыдэкIыурэ)

  1. ДжэгукIэ. «Сыт лейр?» (слайд № 5, 6)

-Гъатхэм щымыщу сыт сурэтым къыщыгъэлъэгъуар? (Уэс дадэ, жыг, мэракIуэ)

-Сыт художникым зыхигъэзэрыхьар? (сэхуран, къэрабэ, розэ)

Гъатхэ зэманым теухуауэ куэд зэрыфщIэр наIуэ къэфщIащ.

Иджы тIэкIу зыдгъэпсэхунщ.

    1. Физминуткэ (слайд № 7)

    2. Урокым и темэр джыным пыщэжын

-ЩIымахуэ псом жей псэущхьэхэри щы1эщ. Иджыпсту къуа- жэхьыр къафщIэмэ къэфлъагъунущ абыхэм ящыщ зы. Абы къыфхуихьащ езыр-езыру вгъэзэщ1эну зы лэжьыгъэ.

  1. ТхылъымкIэ гъэлэжьэн (слайд №8, мыщэ)

-лэжь. 171 (нап. 92)

(Лэжьыгъэр къапщытэж, щапхъэ доскам итым еплъурэ)

  1. Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ (слайд №9, бажэ)

Зи Iэр бацэ Зи цыр щабэ, Губгъуэрысу Дзыгъуэ ещэ, ПыIэ ящIу Зи фэр ящэ.

-Бажэ цIыкIуми фхуигъэхьэзыращ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Си гугъ- эщ фигу ирихьыну.

«Зоопаркым псэущхьэ много щопсэу. Животные гъущIхъархэм сидят. Абы ис псэущхьэхэм ящыщу левыр хуабжьу бзаджэщ.

Обезьянэ – псом нэхърэ нэхъ хьэлэмэтщ. Зоопаркым щыплъ- агъунущ: лиса, лошадь, волк, слон, медведь, джэду.

Абы змея абрагъуэ гуэр исщ заяц пэмыжыжьэу».

-Текстым фыкъеджэ.

-Урысыбзэ псалъэхэр адыгэбзэкIэ зэфхъуэкI.

-Псэущхьэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ фтхыж.

-Текстым цIэ фIэфщ.

  1. Творческэ лэжьыгъэ (слайд № 9)

-Фи гупсысэм зригъэужьым фIэфIу нобэ ди урокым къытхуеблэгъ- ащ иджыри зы псэущхьэ. ФедаIуэт къуажэхьым.

Мастэ Iэтэ кърехьэкI,

Дэрбзэр IуэхукIэ зы лъэмыкI.

Цыжьбанэ- псалъэм псалъэхэр къыхащIыкI. Ар вгъэзэщIэн и пэ къихуэу классым гупитIу зывгуэш.

(ГупитIу ягъэзащIэ)

(цы, жьэ, банэ, анэ, нэ, бацэ, цыбэ, жьы, бэ, бжьэ)

    1. Унэ лэжь. № 169, н. 91

Мэз псалъэм и лъабжьэгъу къэгупсысын (къэпщытэжын)

    1. Рефлексия.

-Сыт нобэ щ1эуэ къэфщ1ар?

-Сытым нэхъ гугъу фыдехьа?

-Сыт хуэдэ лэжьыгъэр фигу ирихьа?

Слайд 1





Слайд 2




Слайд 3



Слайд 4




Слайд 5



Слайд 6



Слайд 7



Слайд 8




Слайд 9



Слайд 10















Мастэ Iэтэ кърехьэкI

Дэрбзэр IуэхукIэ зы лъэмыкI.

Слайд 11



Слайд 12




Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!