СДЕЛАЙТЕ СВОИ УРОКИ ЕЩЁ ЭФФЕКТИВНЕЕ, А ЖИЗНЬ СВОБОДНЕЕ

Благодаря готовым учебным материалам для работы в классе и дистанционно

Скидки до 50 % на комплекты
только до

Готовые ключевые этапы урока всегда будут у вас под рукой

Организационный момент

Проверка знаний

Объяснение материала

Закрепление изученного

Итоги урока

«фарзщи, адыгагъэм фемыiусэ, ар псэунщ, бэуэхукiэ зы бгырыс»

Нажмите, чтобы узнать подробности

Адыгагъэм,хабзэ-нэмысым теухуа урокым и план-конспект.Классщ1ыб лэжьыгъэр щек1уэк1ыр е 11-нэ классырщ.

Просмотр содержимого документа
««фарзщи, адыгагъэм фемыiусэ, ар псэунщ, бэуэхукiэ зы бгырыс»»











11 класс






(Слайд №1)

«ФАРЗЩИ, АДЫГАГЪЭМ ФЕМЫIУСЭ,

АР ПСЭУНЩ, БЭУЭХУКIЭ ЗЫ БГЫРЫС»


(Слайд №2,3)

Мы Iуэхур тхуэмахуэу,

ХьэщIэр лъапэ махуэу къытхыхьэу,

Дунейм екIур я фащэу

Зыхыхьахэр ягъэбжьыфIэу

Хабзэ щыIэр зэхащIэу

Гухэхъуэшхуэ къыдату

Езым и Iуэхур ефIакIуэу

Дэри ди щIэныгъэм хэдгъахъуэу

ДызыпIахэм хъуэхъур хуэтIэту

ДызыIут Iуэхур щIэращIэу

ЩIэуэ къэхъум дрителъхьэу

Ди зэIущIэр гуфIэгъуэу щытыну

дохъуахъуэ!


(Слайд №4,5,6,7,8)

Нобэ псори фыкъызогъэблагъэ «ФАРЗЩИ, АДЫГАГЪЭМ ФЕМЫIУСЭ, АР ПСЭУНЩ, БЭУЭХУКIЭ ЗЫ БГЫРЫС» зыф1этща ди зэ1ущ1эм.

«Си хэку, си лъэпкъ, си бзэ , си хабзэ», - мы псалъэхэр зы1урылъ дэтхэнэ зыри дыщ1охъуэпс адыгэм ди пщэдейрей гъащ1эр махуэ тхуэхъуну. .

Мы псалъэхэр ди псэм къохуэбыл1э, дегъэин. Абы дэ зыхыдегъащ1э къыддалъхуа, ди гум щыдгъаф1э бзэ лъап1э дызэри1эр. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызыхэпщ1эр.

Адыгэ хабзэр адыгэ нэмысым, адыгэ лӀыгъэм, адыгагъэм къыгуэхыпӀэ имыӀэу епхащ. Сыт хуэдэ зэмани «адыгэ хабзэр» жаӀэу яфӀэхэбзэфӀу, пщӀэ къыхуащӀу, адыгэхэм къызэрыдэплъеиным хущӀэкъуу щытащ.

Хабзэр цӀыху къэс, унагъуэм, лъэпкъым я напэщ, я набдзэщ, я бзыпхъэщ, я нэмысщ, я гъащӀэ гъуазэщ. Лъэпкъым пщӀэ зэрыхуащӀыр зэрихьэ и хабзэрщ. Лъэпкъым хабзэфӀ , иӀэмэ узыншэщ, щӀэблафӀэщ, къэкӀуэн иӀэщ. Адыгэ хабзэр тхауэ щымыӀа пэтми, абы ехьэлӀа Ӏуэхугъуэхэр псоми я зэхуэдэу, ямыгъэзэщӀэнкӀэ Ӏэмал имыӀэу яхэлъ хабзэщ. Ар ткӀийуэ псоми зэрахэлъым и щихьэтщ ди зэманым къэса псалъэжьхэр:

(Слайд №9)

«Хабзэ мыщӀэ емыкIухыц»

«Хабзэм къемызэгъыр и бийщ»

«Хабзэ мыщӀэ щӀыкӀейщ»

«Хабзэжь Хэкужь къранэкъым»...н.

Ди адыгэ хабзэхэм и фӀыпӀэр жыжьэ къыщожьэ, абыхэм ящыщу фэ фи нэгу щӀэкӀа, зэхэфха, фызэджахэм ящыщхэм дэ нобэ дытепсэлъыхьынщ. АДЫГЭ ХАБЗЭР ИРЕПСЭУ !

«ФАРЗЩИ, АДЫГАГЪЭМ ФЕМЫӀУСЭ, АР ПСЭУНЩ БЭУЭХУКӀЭ ЗЫ БГЫРЫС» -псалъэхэм щӀэлъщ нобэрей ди псалъэмакъым и гупсысэ нэхъыщхьэр. Иджыпсту а сатырхэр зыщыщ усэм федаӀуэ :

(Слайд №10)

Жа1эр зэ1ыхьауэ дунеишхуэр

ЩымыIэжу ауи зы нэмыс

КIуэдыжауэ жаIэр адыгагъэр

Темытыжуи щIылъэм зы бгырыс

Дунеишхуэр хэт зэIыхьэпауэ

ЩымыIэжу зыбжыр зы нэмыс

Е к1уэдыжыпауэ адыгагъэр

Темытыжу щ1ылъэм зы бгырыс?

Уэшхым уэсыр лъэщIэмыхьэу,

Яригъэщ1у щхьэщэ щиху лъэгэжьхэм,

ФIэлъкъэ кърищIэхыу уэс чэсейр?

ЗэIыхьар дунейркъым - сыт илажьэ,

КIуэдыж хъурэ цIыхум и нэмыс?

Фарзщи, адыгагъэм фемыIусэ

Ар псэунщ бэуэхукIэ зы бгырыс!


(Слайд №11,12)

Пэжщ, дунейр зэIыхьакъым. Удзхэр къокI, жыгхэр мэгъагъэ, псыхэр йожэх, ауэ зэIыхьар дунейм тет цIыхухэр арауэ къыщIэкIынщ...

Дэ къэк1уэнур ди пщэдейщ, икIи ди къалэнщ хабзэр тщIэрэ, щIэм дыщыгъуазэу, дыгъуасэм дыхуеплъэкIыурэ пщэдейр едгъэфIакIуэу дыпсэуну.

Хабзэр щапхъэщ

Хабзэр гъуазэщ

Хабзэр къалэнщ

Пэжщ, пасэрей хабзэми иджырей хабзэми зэманым къемызэгъ, лъэпкъым зэран хуэхъухэр хэтщ. Ауэ хабзэ тэмэмыр нэхъыбэщ, ахэр лъэщщ, абыхэм делъэпауэ хъунукъым.

Ар ди псэщ, ди фащэщ, ди адэжь щIэинщ. Хабзэр щытемыпщэм Iуэхури, цIыхури, лъэпкъри щопуд, абы щIэблэр щыгъэсакъым, нэхъыжьхэри щыгулъытэншэщ.

Сыт адыгагъэ псалъэм къикIыр? А псалъэм адыгэ хабзэр гъэзащIэ жери урехулIэ, фIым ухуешэ. Ар ди лъэпкъ хабзэм къыдэунэхуа псалъэщ. Адыгагъэ хэлъщ жиIэмэ абы адыгэ хабзэм и фIыпIэ псори хэлъщ жиIэу арщ.

Адыгэ хабзэр куущ, абы нэмыс хэлъыныр, щIыкIафIэу ущытыныр, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыныр, адэ-анэр лъытэныр, цIыхубзым пщIэ хуэщIыныр, хьэщIэ екIуу егъэблэгъэныр щIэмычэу егъэбыдэ.

Хабзэр, цIыху гъащIэр Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнурэ зэхэлъщ. Абы ящыщщ хьэгъуэлIыгъуэри. Сыт ар зиIысыр? Дауэ къызэрыхъуар? Хэт абы хуейр? Сыт щIыхуейр? НыбжьыщIитIыр зэпсэуэгъу хъууэ, сабий ягъуэту, я лъэпкъым, цIыху гъащIэм пащэн щхьэкIэ абы я Iыхьлы, я благъэхэм уетыр иращIэкI, батэр ягъэш, ямыщIэн ящIэ, ямыIэ къагъуэт. Сытым къыхэкIыу? А псори лейуэ, узыхумейуэ пIэрэ?

Апхуэдэу хьэгъуэлIыгъуэм уегупсысыныр къезэгъыржъым икIи цIыхум емыкIу къыпхуащIыным имызакъуэу, къыпхуадэххэнукъым. ЦIыхур щыIэхукIэ, унагъуэр псэухукIэ хьэгъуэлIыгъуэри уахътыншэщ, сыту жыпIэмэ, ар лъэпкъым и гъащIэм, и псэукIэм щыщ пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ абы и фащэщ, и гъуджэщ, и тхыдэщ.

ЦIыху, адэ-анэ щыIэу къыщIэкIынкъым и быным пIэщхьагь тынш игъуэтыным щIэмыхъуэпс, ар къехъулIэмэ, хэхъуэ игъуэтамэ, ар зэрыхузэфIэкIкIэ зымыгъэлъапIэ, абы хъуэхъу ирищIэкIыу, джэгу, гуфIэгъуэ триухуэу, и насыпыр нэхъыбэм къыдагуэшыхункIэ ар нэхъ гуапэ щыхъуу.

ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, хабзэр, абы хьэгъуэлIыгъуэ хабзэхэри хэту, тIысу къагупсысыркъым, IэIэткIи къащтэрIкъым. Ар гъащIэм къыхэкIащ, блэкIа зэманыжь куэдым и нэпкъыжьэ телъщ. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм щхьэкIэ, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри. ХьэгъуэлIыгъуэм хыхьэу тлъытэ хабзэхэм хэткъым гъэщIэм, цIыху зэхущытыкIэ гуэр лъабжьэ зыхуэмыхъуа. Абы нэхъ зэпкъырыхауэ дыкъытеувыIэнщ хьэгъуэлIыгьуэр зэрызэхэт пкъыгъуэхэм и гугъу щытщIкIэ. Ар икIи нэхъ къезэгъынущ зы Iуэхум тIэу-щэ къытедгъэзэжурэ дытепсалъыхь нэхърэ.


(Слайд №13, ссылка Мэремыкъуэ Резуан «Хьэгъуэл1ыгъуэ уэрэд»)

Апхуэдэу щыщытк1э, нобэ къетхьэжьа 1уэхум сыхуейщ джэгук1э къыпысщэнуи, мыбы щ1эс псори жыджэру фыхэтыну фыкъызогъэблагъэ. Псом хуэмыдэу хабзэм и зехьак1уэр нэхъыжьхэращи, ди нэхъыжьхэм дыфщогугъ дыкъэвмыгъщ1эхъуну, дымыщ1эмк1э фыкъыддэ1эпыкъуну.

Си упщ1эхэм щ1ызодзэри гупсэхуу фыкъеда1уэ.

(Слайд №14)


  1. Дэтхэнэ зы 1уэхуф1ри адыгэм зэрыщ1идзэр хъуэхъущи, сыхуейт псом япэ ди адыгэ хьэъуэл1ыгъуэм ща1эт хъуэхъук1э къыщ1эздзэну.

Щауэ къэзышам зэрызыхуагъазэ, зэреджэ хъуэхъур хэт къыджи1эн?

Щауэм и хъуэхъу.

Уэ, ди шынэхъыщ1э л1эщ1ыгъуэр зей,

Къэк1уахэр уэ къожьэ,

Къеблэгъэж, дыножьэ!

Къыпк1элъыджэм уагъуэткъым.

Узыхэтри къытхуэщ1эркъым,

Къыдэпщ1ари догъэгъу,

Уи к1уэдэгъухэр зэхэтщ,

Зи ерэтхэр уэ къожьэ,

Уи нэмысым дыпоплъэ,

Дып1уплъэну дыножьэ,

Л1ы фадэбжьэр убыд,

Уи адэ и щ1ап1эр гъэдахэ,

Уи анэ дахэу епсалъэ,

Уэ уи лъабжьэм дохъуэхъу,

Тхьэм и хъерым долъэ1у,

Къолъэ1у гупым къахыхьэ,

Къахэмыхьэр бжьы щ1эмыхьэщ,

Гъуэгу темыхьэр бэнак1эщ,

Хьэуазап1эм укъыхэк1ами,

Дариип1эм щыжей,

Сожей жып1эу ухэмыжае,

Къак1уи мы бжьэр с1ых!


(Слайд №15)


  1. Нысащ1эм зэрызыхуагъазэ хъуэхъур хэт къыджи1эн?


Мы нэрыбгэр тхуэмахуэу,

Лъапэ махуэ къытхуихьу,

Лъэдакъэ махуэ къыщинэу,

Къызыхыхьэм щызагъэу,

Езым хуэдэм ядек1уу,

Дунейм ек1ур и фащэу,

Дыщым ф1ыщ1э къахуихьу,

Зыхыхьамк1и игу къабзэу,

Хабзэр убзэ ф1эмыщ1у,

Мы унэр и щ1асэу,

Дэмыс хъумэ хуэзэшу,

Ар къуэшыгъэм и шхэпсу,

Къигупсысыр акъылу,

Ди къэралым и щхьэпэу,

Япэ итхэм хэмык1ыу,

Ирагъэк1ыжхэм щымыщу,

Ар зыхуэф1ыр 1уэхуф1у,

Ф1ыр и 1эпэм пыщэщу,

Зэ1ущащэр и ц1ык1уу,

Зэдэхащ1эр и ину,

Быну и1эр зэхуэдэу,

Адэм хъуэхъур хуи1эту,

Анэм и псэр 1урыту,

1уэху зы1утыр щ1эращ1эу,

Щ1эуэ къэхъум и телъхьэу,

Яхуэпсэуну сохъуахъуэ!

(Слайд №16)



  1. Ат1э, адыгэ хьэгъуэл1ыъуэм щ1ыдодзэ. Пшынэ йоуэ, нысащ1эр кърашажьэ, и 1эблэр я1ыгъщ. Хэт нысащ1э 1эблэр зыубыд хабзэр?

(Нысэ къэзыша лъэпкъым язы нысэрэ я зыпхъурэ, езыхэр быныф1эу, насыпыф1эу, хьэ-щэныф1 яхэлъу).


  1. Нысащ1эр унэ щрашэк1э, мэлыфэ трагъэувэ. Сыт абы кърагъэк1ыр?

(Фэм цыуэ тетым хуэдиз насып нысащ1эм тхьэм кърит. Щабэрык1уэ тхьэм ищ1).


  1. Нысащ1эр унэ щрашэк1э кърапхъых хабзэр сыт?

(Дэ, 1эф1ык1э,хугу, ахъшэ)

(Слайд №17)


  1. Сыт абыхэм къарык1ыр?

(Дэм – унагъуэр быдэу щытыну, 1эф1ык1эм – псоми нысащ1эр яхуэ1эф1у щытыну, бзэ 1эф1 1урылъыну, хугум – бын куэд и1эну, ахъшэм – мылъку тегъуатэ хъуну).


  1. Унэ ирашэри абы и 1эблэр зы1ыгъхэри бжэщхьэ1у лъакъуэ ижьк1э ебэкъуэн хуейт, теувэ хъунутэкъым. Сыт щхьэк1э?

(Унэ ирашэри абы и Iэблэр зыIыгъхэри бжэщхьэIум лъакъуэ ижькIэ ебэкъуэн хуейт, теувэ хъунутэкъым. А хабзэм мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ. Тхыдэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм цIыхухэм зэралъытэр арат дунейм ехыжахэм я псэм къагъэзэжурэ бжэщхьэIу лъабжьэм щIэтIысхьэу, дунейм къытранахэм я псэукIэм кIэлъыплъу. Абы къыхэкIащ бжэ блыпкъитIым ещанэу удэувэ, удэт хъунукъым, гуэныхьщ, жыхуаIэ нэщэнэри. Псэхэм зыщаплъыхькIэ зэран уахуэхъунк1э бетэмалщ, ит1анэ абы ягу къобгъэнущ).

(Слайд №18)


  1. Хэт «жэмхэгъасэк1э» зэджэр?

(Пхъу яшам 1эпыдз-лъэпыдз и1эн щхьэк1э хъыджэбзым и адэм къыхуигъак1уэу арат, илъэск1э щы1эну, илъэс дэк1мэ, ягъаф1э, хуоупсэ,саугъэт лъап1эхэр хуащ1ри щ1алэм и лъэныкъуэм яут1ыпщыж).


  1. Фызхэм нысащ1эм 1эпл1э хуащ1ын зэф1эк1а нэужь фо 1урыц1элъыр ящ1ырт. Нысащ1эр абы ебзеин хуейтэкъым. Сыт щхьэк1э?

(Фо 1урыц1элъым ебзея нысащ1эр нэпъыс-нэ1усу, ныбэхуэф1у къалъытэ).


  1. «Къафэбжьэ» зыт хабзэр хэт сымэ?

(Щ1алэм и шыпхъу унагъуэ ихьахэр, а лъэпкъым япхъу хьэгъуэл1ыгъуэм кърихьэл1ахэр).

(Слайд №19)


  1. Къафэбжьэ щыхъуар иджыщ ар, япэм нэгъуэщ1ут зэреджэр. Дауэт зэреджэр, ик1и сыт абы къежьап1э хуэхъуар?

(Адыгэ хабзэм къезэгъыртэкъым унэ ихьа, щхьэгъусэ зи1э бзылъхугъэр къытехьэу къэфэну. Ауэ я дэлъху къызэришам щхьэк1э хабзэм ебакъуэмэ, тэзыр папщ1эу бжьэ къы1ахырт).


  1. Хэтыт зэреджэр нысашэ джэгур езыгъэк1уэк1ым?

(Хэтеяк1уэ).


  1. Сыт хуэдэ къалэн абы джэгум щигъэзащ1эр?

(Абы и 1изыншэу утыкум зыри къихьэртэкъым. Къэфэну щ1алэхэр абы утыку кришэрт, абы дэ1эпыкъуэгъуу хъыджэбзит1 игъусэти, щ1алэм къыдэфэну хъыджэбзыр ахэм къыдашырт).


  1. Хьэгъуэл1ыгъуэм дауик1 1энэ узэда куэд къфгъэув. Ауэ а 1энэхэм щыщу сыт хуэдэра щхьэ щ1элъэныкъуэри нэгэгъури здамыхьыр?

(Ц1ыхубз здэщыс 1энэм щ1элъэныкъуэри нэгэгъури яхьыркъым)


(Слайд №20)



  1. Дэтхэнэ зы гуф1эгъуэри хьэгъуэл1ыгъуэри зыгъэдахэр адыгэ джэгурщ. Пэжщ, нобэ ди щ1алэгъуалэ куэдым къафэм зратащ, егъэлеяуэ хьэгъуэл1ыгъуэри гуф1эгъуэри ягъэдахэ. Адыгэ къафэм нэмыщ1 ахэр къофэф абхъаз, убых, шэшэн, нэгъуэщ1 къафэ куэди. Ари хъхарзынэщ, сыту жып1эмэ абы лъэпкъхэм яку дэлъ лъагъуныгъэр ирегъэф1ак1уэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, щыуагъэ куэд хыдолъагъуэ джэгум. Сыт хуэдэ ахэр, сыт нэхъ гу зылъыфтэхэр?

  1. Утыкум зы щ1алэрэ зы хъыджэбзрэ иту, нэгъуэщ1 зыт1ущи къохьэ.

  2. Нэхъыжь утыкум итк1э е къихьак1э, нэхъыщ1эр тек1уэткъым.

  3. Хъыджэбзым щ1алэр жьэхэлъэу, игъащтэу къыдофэ, а хъыджэбзми щ1игъэхуабжьэ ф1эк1а, пщ1э къыхуамыщ1ауэ къыгуры1уэркъым.)


(Слайд №21,22)


Адыгэм ди1эщ мыпхуэдэ псалъэжь «Унэм зыщыгъаси хасэм хыхьэ». Хуабжьу си гуапэ къэфщ1ащ хабзэм теухуауэ дызытепсэлъыхьахэр, нэхъыжьым пщ1э зэрыхуащ1ыр ф1ы дыдэу фощ1э. Хьэл-щэн дахэ фхэлъу, гъэсауэ фыкъэхъунщ.

Дэтхэнэ зы ц1ыху балигъри псом хуэмыдэу гъэсак1уэхэмрэ егъэджак1уэхэмрэ фыкъыхузоджэ щ1алэгъуалэр адыгэ хабзэ дахэхэм щ1эфп1ык1ыну.

(Слайд №23)

Адыгэ хабзэм ижь щ1ихуауэ ди бзэм куэд хэтщ: адыгэ нэмыс, адыгэ напэ, адыгэ хабзэ, Адыгэ Хэку, адыгэ псалъэ, нэгъуэщ1хэри.

Хабзэ дахэр хъумэныр ди лъэпкъым и дежк1э насыпышхуэщ. Дыщэр чэсэпк1э ягъэунэхумэ, ц1ыхур адыгэ хабзэ, адыгэ нэмыск1э псыхьын хуейщ.

Ди хабзэмрэ ди бзэмрэ дэращ, ди блэк1арщ, ди нобэрщ, ди къэк1уэнурщ.

Насып щ1экъуныр – аращ насыпыр.

Ди насыпщ дыадыгэщи.

Ди насыпщ, адыгэ лъэпкъ дыкъыхэк1ащи!

(Слайд №24)

Дэ дыадыгэщ, Къэбэрдей щIыналъэ дахэм дыщопсэу. Сэ зыфхуэзгъэзыну сыхуейщ Шортэн Аскэрбий и псалъэ гъуэзэджэхэмкIэ: «ФыкъызэхэкIар зыщывмыгъэгъупщэ, ящыгъупщэни фымыхъу, лIы хъуар хэтхэ ящыщ жаIэмэ – адыгэ лъэпкъым къыхэкIащ жевгъыIэ».


(Слайд №25)

Аращи, кIэух дахэ зимыIэ 1уэхуф1 щыIэкъыми, сэри сыхуейщ мы ди зэ1ущ1эр сухыну мыпхуэдэ псалъэхэмк1э.


Тетыху адыгэ мы дунейм

Птеуэнкъым, Хэку, уэ зеиншафэ

Бзэрабзэ, си бзэ дахэкIей,

Узэпымыу, адыгэ къафэ!


(Слайд №26 ссылка- Хъыжьрокъуэ Сулът1ан «Хабзэ» уэрэд)


(Слайд №27-36)

Еджак1уэхэр къофэ



Скачать

Рекомендуем курсы ПК и ППК для учителей

Вебинар для учителей

Свидетельство об участии БЕСПЛАТНО!